Кlурашынхьаблэ/Тахьтакопру

Адыгэ/Къэбэрдеи къуажэ. Къуажэр 1859 гъэм хьэжым кlуэн я щхьэусыгъуэу Урысым къикlа пщы Хьэтlохъущокъуэ Гази и гъусэу Узняйлэм къэтlыса гупым къахэкlыу нобэ щыпсэу щlыпlэм къэтlыса Кlурэшынхэрэ я гуэсэхэмрэ я ухуэу зы къуажэщ. Хьэгъундокъуэхэри зы гупу къэтlысахэщ ауэ Хьэгъундокъуэхэ пасэу дэкlыжащ. Хьэгъундокъуэхэ Кlурэшын Едыдж и щауэкъуэтхэт зэблагъэхэт арат зэгъусэу къыщlэтlысахэр. Абукъхэи Хьэгъундокъуэхэ я Анэшти абы я гъусэу къэтlысахэщ. Брагъун Хъызыр 1872 гъэм Карс Селимкlэ зэджэ щlыпlэм къикlыжри къэкlуащ.

Къуажэр зыуухуа Кlурэшынхэ ипэдыдэ къэкlуар Жантемир. Абы и къуищ Едыдж, Абдурахьман, lейубщ. Ахэмия къуэхэр Мэмэт, Юсуф, Ибрахьим, Зекэрия, Хъусейн, Якъубщ.

Ипэ къуажэм къэтlысахэм Кlурэшынхэ щымхъуам лlыцlэ тхузэгъэщlэфакъым.

Дэ я цlэ тщlэжу къуэжэдэс унагъуэхэм зи цlэ тщlэхэр;

Кlурэшын Хьайдар, Аслан, Джафэр, Сэлами, Керами,

Гобэл Фози, Билал, Хьаж Умар,

Брагъун Хъызыр, Зихьни, Сэзаи,

Абукъ, Ахьмэд Пащэ, Хьалис, Мэмэт

Шыгунэ Мухьамэд,

Кlэм Изэт, Мухьамэд, Вахьдэдин, Али,

Ашын Фуад, Тофикъ,

Хьэмыкъуэ Бехьир,

Ахьмэдкьарэ Мурадин, Джэмалэдин,

Арып Хьилми, Шукри,

Шэшэн Хьамид,

Къущхьа Уэвжыкъуэ,

Зыхь Гази,

Щэуэцlукl Нияз,

Нэней Ихьсан, Фози, Нияз,

Жэр Али,

Мэшыкъуэ Сабри,

Хьэпэбгъуэжъ Дурсун.

Къуажэр Кайсери къалэм 125 км, Пынарбашы районым 35 км кlэ пэжыжьэу зы къуажэщ. Къуэжэ lуфэм Заманты псыр бложыр, къуажэм ящl зыпылъ къуажэхэр; Хьэтукъущукъуейыжъ, Бесерек, Бешкъызакъхьэблэ, Кайнар, Жаныкъуей къуажэхэращ. Къуажэм псыщlэгъэхьа щlы я куэдщ, кlэтlроф, гуэдз, хьа хасэу ахэм толэжьыхь. Мэлрэ эщышхуэ зезыхуэ унэгъэ зыбжанэи щопсэур.

Къуажэр ипэм къуэжэшхуэу щтащ ауэ нобэкlэ цlыхухэр къалэшхуэхэм зэрыlэпхъуам щхьэкlэ дэсыр мэщlэдыдэ хъуащ.

Псори къалэшхуэхэм щопсэухэр еджа я куэдщ. Кlурэшынхэ Турхьан професер хъуауэ Сивас Джумхьуриет Универсытетым и деканщ. Кlэмхэ Дениз професерщ. Мыхэр узэртегуфlыхьынщ. Зицlэ къэзмыlуэфауэ еджауэ цlыху куэди щыlэщ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz