Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ЩIэныгъэм хуэпсэуа Борсэ РэIуф

Зи цIэр жыжьэ зыгъэIуа, профессор, математик, физик Iэзэу щыта, щIэныгъэ унэтIакIуэ гъуэгум тету псэуа Борсэ РэIуф и фэеплъыр ягъэщыпкъащ къызыщыхъуа Хьэбэз къуажэм. Зыщыпсэуа уэрамым абы и цIэр фIэщыным, и фэеплъ пхъэбгъу кIэрылъхьэным хуэгъэза пэкIу мыбдеж щрагъэкIуэкIащ.


«Сыт хуэдэ лъэхъэнэми езым и лIыхъужь къегъэ-щIыж…» — зи гугъу тщIы-ну Iуэхугъуэ дахэм хэтахэм ящыщ зым апхуэдэ псалъэ-хэр Борсэ РэIуф хуигъэ-фэщащ. АтIэ, РэIуф хуэдэ акъылыфIэ, математикэм, физикэм, естественнэ щIэныгъэхэм куууэ хэзыщIыкI, зи лэжьыгъэм хуэнэхъуеин-шэу пылъа гъуэтыгъуейт. Ар къыхалъытэкIэрэ, РэIуф и цIэр уэрамым зэрызэрихьэнум ириарэзыуэ мыбде-жым щыпсэу дэтхэнэ унагъуэри мы Iуэхугъуэм пыкъуэкIащ.

Зэхуэсым къекIуэлIащ щIэныгъэрылажьэ цIэры-Iуэм и ныбжьэгъухэр, къы-дэлэжьахэр, Борсэхэ я лъэ-пкъыр, къуажэдэсхэр.

Пэублэ псалъэкIэ ар къы-зэIуихащ Хьэбэз къуажэ администрацэм и унафэщI Туаршы Беслъэн. Ар къе-джащ къуажэм и Лермон-товэ уэрамым и цIэр Борсэ РэIуф и цIэмкIэ зэхъуэкIыным ехьэлIа унафэм. И къэ-псэлъэныгъэм щигъэбелджылащ апхуэдэ цIыху пажэхэм я фIыщIэр фэеплъ махуэу, щIэблэмкIэ щапхъэу зэрыщытыр.

ПэкIур езыгъэкIуэкIа, Хьэ-бэз районым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и методист нэхъыжь Мамхэгъ Зуридэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщытепсэлъыхьащ зи цIэ ягъэщыпкъэ нэхъыжьы-фIым и гъащIэм и къекIуэ-кIыкIам.

Борсэ РэIуф Хьэлым и къуэр Хьэбэз къуажэм 1944 гъэм февралым и 6-м къы-щыхъуащ. ЗэрыцIыкIурэ еджэ-ным, щIэныгъэм зэрыхуэпа-бгъэм гу къылъатэу щIалэ гурыхуэу къэтэджащ. Дыщэ медалкIэ еджапIэр къиуха нэужь, РэIуф Москва къалэм дэт, Бауманым и цIэр зезыхьэ ищхьэ техническэ учи-лищэм щIыхьащ. Ленин и стипендиер къэзыхь, нэхъыфI дыдэу еджэхэм яхэтащ. ИкIи ар диплом плъыжькIэ къиухащ. КъызэрымыкIуэ ехъулIэныгъэт ар бгырыс къуажэм къыдэкIа щIалэ цIыкIумкIэ. КПСС-м и ЦК-м, РСФСР-м егъэджэныгъэмкIэ и Министерствэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.

1977 гъэм Борсэм итха диссертацэр фIагъ лъагэ иIэу пхигъэкIащ. Ракетэм, техникэ хьэлъэм, къэралым иущэху IэнатIэхэм пэрыу-вэну хуагъэфащэт абы. Ара-ми, еджапIэ нэужьым зыщалъхуа хэгъуэгум къигъэзэжащ.

Черкесск къалэм дэт, Ставрополь политехничес-кэ институтым и филиалым и гуащIэдэкI лэжьы-гъэр ирипхащ. Мыбдеж Рэ-Iуф илъэс 40-м нэскIэ щылэжьащ, и гуащIэ хилъхьащ кафедрэ бжыгъэ къызэIухы-ным, институтым и щIэныгъэрылажьэ, IэщIагъэры-лажьэ нэс къыщIэгъэкIыным. Борсэм и егъэджэны-гъэ Iуэхум нэмыщIуи зэи зэ-пигъэуакъым щIэныгъэ, щIэн-гъуазэ лъэныкъуэри. ЩIэны-гъэ лэжьыгъэу, щIэныгъэ-методическэ тхыгъэу 50-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэ-кIащ. Нэхъыбэжи хузэфIэ-кIынут, нэхъ лъагапIэхэми къыщыхутэфынут…

Борсэхэ я лъэпкъым къа-бгъэдэкIыу псалъэ хуагъэ-фэщащ медицинэ щIэны-гъэхэм я кандидат, Адыгэ Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, дохутыр цIэры-Iуэ Борсэ Мухьэмэд. Абы къызэхуэсахэм фIэхъус гуа-пэ ярихащ, икIи яхъуэ- хъуащ кърахьэжьа Iуэху-фIымкIэ:

— Мы Iуэхум зи хьэры-чэт, гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ. Нобэ зи фэ-еплъыр дгъэлъапIэ ди къуэш нэхъыжь РэIуф нэгъэсауэ хуэфащэщ икIи и гъащIэ IыхьэкIэ къилэжьыжащ ап-хуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ. Узы-гъэгушхуэнщи, нобэ абы и цIэр зыфIэтщ уэрамми Бор-сэхэ я унагъуэ куэд дэсщ. Сыхуейт, мы хьэблэм дэс унагъуэ къэс къащIэхъуэ щIэблэм РэIуф хуэдэ къахэ-кIыну, адэкIи ди лъэпкъыр щIэныгъэ гъуэгум тетыну! — къызэхуэса уэрамдэсхэм захуигъэзащ дохутырым.

Иужьым, фэеплъ пхъэ-бгъур къызэIухыныр хуагъэ-фэщащ езы Мухьэмэд, РэIуф здыщылэжьа СКГТА-м и ка-федрэм и доцент, техничес-кэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат КIэдэкIуей Алберт, Рэ-Iуф ипхъу нэхъыжь Фати-мэ сымэ.

Илъэс 40-кIэ Борсэм и ныбжьэгъуфIу къыдэгъуэгурыкIуа, и лэжьэгъуу щы-та, профессор цIэрыIуэ Мам-бэт Асчэрбий гуапэу къытепсэлъыхьащ я зэпыщIэныгъэу щытам:

— РэIуф бгъэдэлъа акъылыр, щIэныгъэр зыми ебгъэщхь мыхъунт, зыми хуумыгъэдэфынт. Си фIэщ мэхъу, къуажэм къимыгъэзэжамэ, ар доктори, академики хъуну, цIэ лъапIэ куэ-ди къилъэщыфыну зэрыщытар. Иджыр къыздэсым абы и щIэныгъэм, хэлъа цIыхугъэм срогушхуэ икIи сроин. АтIэ, апхуэдэ цIыху щэджащэ пцIыхуныр, къы-бдэгъуэгурыкIуэныр насыпышхуэщ. РэIуф и гум и инагъыу щытар къэпщытэ-гъуейщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, спортми хуабжьу хэгъуазэт, лъэрыхьт, лIыгъэ хуабжь бгъэдэлът. Сыт и лъэныкъуэ-кIи РэIуф къызэрымыкIуэ цIыху щыпкъэт, — игу къигъэкIыжащ Мамбэтым.

Борсэ РэIуф къикIуа щIэ-ныгъэ гъуэгум и бынхэри, абыхэм я быныжхэри иро-кIуэ. Абы хъыджэбзищ къы-щIэхъуащ: Фатимэ, зэтIолъ-хуэныкъуэхэу Маринэрэ Мадинэрэ. Щыми дыщэ ме-далкIэ еджапIэр къаухащ, ищхьэ щIэныгъэр диплом плъыжькIэ зыIэрагъыхьащ. Фатимэрэ Маринэрэ я бын-хэми диплом плъыжьрэ ды-щэ медалрэ зимыIэ зыри къахэкIакъым. НэхъыщIэ ды-дэу яхэт Iэдэм цIыкIу и да-дэм нэхъ ещхьу ялъытэри, нэхъыбэжкIи щогугъ.

Жагъуэ зэрыхъущи, зэ-тIолъхуэныкъуэхэм яз Ма-динэ унагъуэ ищIэн хущIы-хьакъым, игъуэ нэмысу ду-нейм ехыжащ.

ГушхуапIэу, гъуэгугъэлъа-гъуэу быным дежкIэ щыта адэфIым Фатимэ къытепсэлъыхьащ:

— Гууэ унагъуэм кIуэ-цIылъыр ди адэрат. Зэры-цIыкIурэ зыми яхуэмыдэу бгъэдэлъ акъылыфIагъым-рэ къызэрымыкIуэ гупсысэкIэмрэ ягъэщIагъуэурэ къекIуэкIащ. Япэу курыт еджапIэм — еджакIуэ нэ-хъыфI дыдэу ябжти, сыт щыгъуэми еджапIэм и ныпыр къезыхьэкIар арат. Москва ищхьэ еджапIэм щIыхьэри, апхуэдэ къабзэу, и егъэджакIуэхэм яхуэмы-гъэщIагъуэу «хабезский са-мородок» цIэкIэ къеджэ хъуат. И диссертацэр къы-зэрымыкIуэу, ехъулIэны-гъэшхуэ иIэу щыпхигъэкIа-ми, лъагапIэ дапщэ зыIэри-гъыхьэфыну щыта! Ауэ, а гъуэгум щIытригъэзыкIами щхьэусыгъуэ иIэжщ. Езыр къызыщыхъуа хэку цIыкIум IэщIагъэрылажьэ-хэр зыгъэсэн, щIэныгъэ ябгъэдэзылъхьэныр зэрыщымащIэрат. Ди адэр цIыхум зэращхьэпэнум, и лэжьы-гъэр фIагъ хэлъу зэрилэжьыным и гъащIэ псор триухуащ, — жиIащ Фа-тимэ.

ПэкIур зэхуащIыжкIэрэ, уэрамым и цIэмрэ унэм и нагъыщэмрэ зытет дамы-гъэхэр унагъуэхэм хуагъэфэщащ. Борсэ РэIуф и цIэр зытет пхъэбгъур унагъуэ къэс и бжэIупэм иджы кIэрылъынущ, абдеж щы-псэухэм а цIыхушхуэм и цIэр, и фэеплъыр ягъэщы-пкъэу псэунущ…

Черкес Хэку

Yazarın Diğer Yazıları

Динэ и ехъулIэныгъэхэр

КъытщIэхъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм и куууагъым, зэчийуэ къакъуэкIым, гъэсэныгъэу зыхалъхьэм куэдкIэ елъытащ ди лъэпкъым и къэкIуэнури. Ар хьэкъщ.   Нобэ лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм пыщIауэ...

«Дызэмыщхьми, дызэхуэдэщ!»

Карачаевск къалэм дэт, Алиев Умар и цІэр зезыхьэ Къэ-рэшей-Черкес къэрал уни-верситетым къыщапщытэжащ «Мы разные, но равные» зи фІэщыгъэцІэ XІІ Хэгъуэгузэпх ІэщІагъэ зэпеуэр.  Мыбы зыкъыщагъэ-лъэгъуэну лъэкІыныгъэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img