Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Инлиорен / Хэусай

Хьатукъуай къуажэ.

Хэусхэр зы лъэпкъыцIэщ, Къуажэм хэусу дэс лъэпкъхэр; Хьагъошкъо, Гуэтыжъкъо, Тывкъо, Балкъо.

IутIыжъуи лъэпкъиплI дэсщ:

Асчэрыкъо, Нэгъожкъо, Гъуаланкъо, Пшырыкъо (Джэтгъэжъ). Къуажэр Хьатукъуай къуажэщ, къуажэр хэкум Кубан псыжьым ищхьэмкIэ щыпсэуа 1860 гъэхэм Югославием кIуахэщ, абы Османлыр щыхагъэзыхьым Османлым Адыгэ гупыр абы къырищри Сирие Жолан нэс иригуэшэкIащ, КунейтрэкIэ Хэусышхуэрэ, ХэусцIыкIурэ жэIауэ къуэжитI щопсэур.

Зы гупри 1875 гъэхэм Тыркум къэкIуащ, щIыпIэ куэд тIысахэщ, Сарыогълан районым епха «Шахърухъ лъэмыж» кIэ тIысахэщ ауэ Туркмэнхэр къатегушхуэ щыхъум абы къикIри Шормышэк къакIуэхэри нобэ щыпсэухэ къуажэм къэтIысахэщ. Къуажэр; Къайсери къалэм 85 км. Азей районым 30 км пэжыжьэщ. НобэкIэ къуажэм унэгъуэ тIощI хуэдиз щопсэур. Къуажэ къетIысэкIахэр; Джинлиорен, Терсакан, Черкес Согъутлу къуажэхэрщ. Къуажэдэсхэр нахъут (къакъий) хасэуращ, абы къинэмыщIым Iэщ япыщIащ куэду, хьэ, гуэдзи хасэр, къуажэдэсым и нэхъыбэр къалэшхуэхэм Iэпхъуэжауращ. Зэпсори Iуэух ящIэу стройкIэ телэжьыхьу, Кайсери, Анкара, Истамбул къалэхэм щопсэухэр. Къуажэм зыщэ зыплIакIэ «Фестиваль» КъырагъэкIуэкIащ, цIыху куэди къеблэгъащ, Адыгейм гупхэр къикIащ, мэ гъэ аргуэру къырагъэкIуэкIынкIэ мэгугъэхэр. Къуажэр къуажэфIщ, и цIыхухэри я гупэр Адыгэ щэнхабзэм хуегъэзэкIауэ Адыгэ псэукIэ зэрахьэщ, ар узэрыгуфIэнщ. Я бзэр яхъумэжу я Iурылъщ. Къуажэдэсхэм нэхъ цIэрыIуэхэр;

Дэгмукъо, Мэжид, Хьаж Ихьсан, Юсуф, Умар,

ЧIэмгуй Махьмуд,

Балкъо Сейид, Осман,

Хьагъошкъо Хъайри,

Аскеркъо Муаммэр, Мухьаррем,

Нэжэмкьо Садэттин, Сезаи,

Еутых Мухьамэд,

Лъэпшэркъо Исмет,

Iутыж Абдул,

УзэреплъымкIэ къуажэр нобэ я хабзэ ягу я щытыкIэм теухуауэ къуажэфIщ, къуажэ дахэщ, къуажэ хуэщIащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img