«Хэкум и макъ» зыфIэтща мы плIанэпэр зыгъэхьэзырыр ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэращ.
“Anavatanın Sesi “ köşemiz, merkezi Nalçik’te bulunan Hatokşokho Adige Dil Derneği çalışanlarının katkıları ile hazırlanmaktadır.
Karaçay-Çerkes Cumhuriyeti Habez rayonunda bulunan Arışeko Rafael Ortaokulu öğrencileri Adigecenin izinde dilden, geçmişten geleceğe duygu ve düşüncelerini yazdı. Adigece öğretmenleri Şerces Rasyat kılavuzluğunda yeşertiyorlar umutlarını…
Сыт хуэдэ лъэпкъми и къэкIуэныр зэлъытар къыщIэхъуэ щIэблэр зыхуэдэращ: сытыр я гупсысэкIэ, я хъуэпсапIэ, лъапIэныгъэу къалъытэрэ? ЦIыкIухукIэ хэти акъыл къигъэхъуапIэ хуэхъур и унагъуэмрэ курыт еджапIэмрэщ. А тIум яку къыдихыращ дэтхэнэ нэрыбгэми гъащIэ гъуэгум здытрихьэр. НытIэ, сэтей къэтщIынщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз къуажэм дэт Арэшыкъуэ Рафэел и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм и еджакIуэ цIыкIухэм я хъуэпсапIэхэмрэ гъащIэм щапхъэ щахуэхъухэмрэ. Абыхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ я егъэджакIуэщ Шэрджэс Расият.
Сэ срогушхуэ си адэшхуэм!
Сэ си адэшхуэр Уэзрокъуэ Хьэмидщ, Хьэзрэт-Али и къуэщ. Абы и гъащIэм гугъуехь Iэджи хэлъащ. И сабиигъуэр техуащ Хэку зауэшхуэм. Зауэ нэужь илъэсхэри тхъэгъуэтэкъым. Дауэ мыгугъуехьми, си дадэ щIэныгъэ зригъэгъуэтащ. Ар хэзагъэт сыт хуэдэ лэжьыгъэми: гъущIыкIэхэм хьэпшып къыхищIыкIт, унагъуэ Iуэхухэм хуэIэрыхуэт. Апхуэдэ дыдэу си дадэр хэзэгъащ гъащIэ екIуэкIым. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэжыджэрт, акъыл жан иIэт, зи яужь ихьэр нэгъэсауэ зэфIигъэкIт.
Сэ си адэшхуэм и ныбжьэгъухэр и гъусэу зэригъэпэщащкъэфакIуэ гупу щы. Хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ къэфакIуэ гуп «Адииху» цIэр зезыхьэр къызэзгъэпэщахэм ящыщщ. Абы сэбэпынагъ зыпылъ хьэпшып куэд къигупсыст. Псалъэм папщIэ, къигупсысат удзыр пиупщIу зыIуэнтIэж машинэ. Ар яфIэхьэлэмэту зэрыкъэралу щагъэлъэгъуат.
Си адэшхуэм къэрал нагъыщэу пщыкIущ, фIыщIэ тхылъу тхущIым щIигъу къыхуагъэфэщащ, лауреат цIэхэр куэду къыфIащащ.
Псом ящхьэу дадэ фIыуэ щIэслъагъур хуабжьу адыгэгу иIэщи аращ. ИкIи арагъэнщ сэ си адэшхуэр Хьэбэз къуажэ щызэхэт «Адыгэ Хасэм» кудрэ унэфэщIу щIыщытари.
Сэ псэлъэн зэрыщIэздзэ лъандэрэ си адэшхуэм сыхуегъасэ си бзэр фIыуэ зэрыслъагъунум, сыщIегъэдэIу адыгэ хъыбарыжьхэм…
Дадэ фIэфI хъунукъым быным хьэлыншэу зытщIмэ, дыщхьэхынэмэ, цIыхухэм пщIэ яхуэдмыщIмэ. Адыгэ хабзэм дытетын хуейуэщ дадэ къытхуигъэувыр. ИкIи ар зэрынэхъыфIыр сэ къызгурыIуащ. Хабзэм утетмэ, ущыуэнукъым, емыкIу къэпхьынукъым, нэмыс бгъуэту упсэунущ.
Си адэшхуэм узэрыгушхуэн гъащIэ гъуэгу къегъащIэ. Сэ абы пщIэ хузощI, щапхъэ къытызох.
Тхьэм куэдрэ утхуигъэузыншэ, си дадэ !
Си бзэр – си дунейщ!
«ЦIыхур зыхуэдэр къэпщIэну ухуеймэ, щIэдэIу ар зэрыпсалъэм. И бзэм къыбжиIэнущ ар хэтми, и гупсысэхэр, и щытыкIэр сыт хуэдэми», – етх Къагъырмэс Борис.
Сэ сыарэзыщ Борис и псалъэхэмкIэ, сыту жыпIэмэ, цIыхур щыпсалъэкIэ и гъэсэныгъэр здынэсыр къыбгуроIуэ, къищIыкIа цIыхур уи нэгум къыщIоувэ.
Сэ си адэ-анэм фIыщIэ яхузощI адыгэбзэр къызэрысIуралъхьамкIэ, псэлъэкIэ къекIум и щэхухэм щыгъуазэ сызэращIымкIэ. СызэрыцIыкIу лъандэрэ си адэшхуэми бзэ дахэм сыщIипIыкIащ, хъыбар зэщымыщхэр къызжиIэжурэ. Адэшхуэм зыгуэр къыщиIуэтэжкIэ, бзэр хуабжьу егъэшэрыуэри, сохъуапсэ, сыхуейщ сэри бзэр апхуэдэу дахэу сIурылъыну.
Бзэр кууэ зэбгъащIэмэ, и сэбэпи къокIыжынущ. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэм хузиIэ лъагъуныгъэращ сэ Тырку къэралыгъуэм сыкIуэу абдеж щыпсэу хэхэс адыгэхэм бзэр нобэр здынэсми ямыгъэкIуэдыжауэ зэрызэрахьэр сызыгъэлъэгъуар. Абдеж сыщыщыIэм сэ згъэщIэгъуащ сызрихьэлIа зы щIалэ гуэр.А щIалэ угъурлым зэреджэр Читинт.Хьэлэмэт дыдэ сщыхъуар ар илъэс тIощIым нэсыхукIэ адыгэбзэкIэфIэкIа и адэм зэрызримыгъэпсэлъарщ. Къыхуидэтэкъым тыркубзэмкIэ епсалъэу, Тыркум щыпсэу пэтми. Читин сурэтыщI Iэзэ дыдэ хъуащ, ауэ сыт IэщIагъэ хуэмыхъуами, дэнэ щымыпсэуами,ар гурэ псэкIэ адыгэнущ. Апхуэдэущ зэригъэсар и адэм.
«…Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам,
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу…» – аращ Бемырзэ Мухьэдин адыгэбзэм зэрыхуэхъуэпсар. Сэ вагъуэбэу къызжьэхопсэси адыгэбзэр. А бзэм сэ срогупсысэ, сробжьыфIэ, сIурылъу утыку срохьэ, хабзэхъумэ сещI, сыкъегъафэ, сегъэгужьей, сегъэгуфIэж…
ЖаIэ: «Си бзэр-си дунейщ». Шэч хэлъкъым, си бзэр сIурымылъмэ, уаси сиIэкъым, адыгэбзэкIэ сыпсэлъэхущ сызэрыадыгэр. Ар сагъэщIащ си адэ-анэм, си адэшхуэ-анэшхуэм. АдэкIэ сэ езгъэщIэжынущ къысщIэхъуэну быным. Си нэхъыжьхэм гугъуехь куэдым къыпхрахыу, яхъумэу къысIуралъхьа бзэ IэфIыр сыт схъумэн щIыхуэмейр, адэкIэ щIэзмыгъэкIуэтэнур?!
СыпсэухукIэ си бзэр псэуэ сIутынущ, зэрыслъэкIкIэ езгъэфIэкIуэнущ, си нэхъыжьхэм сахуэфащэ щIэблэу сыкъэтэджыным сыхущIэкъунущ!
9 классым щеджэ
Уэзрокъуэ Изабэллэ
Сыт насыпкIэ узэджэнур?
«Насып щIэкъуныр – арщ нэсыпыр»,- жиIащ КIуащ БетIал. Дауэ-тIэ насыпым узэрыщIэкъунур? ИкIи сыт насыпу къэтлъытэу дызыщIэхъуэпсынур?
Зым адэ-анэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэу ебж. Адрейм къызэрилъытэмкIэ, еджапIэр къиухрэ, езым фIэфI IэщIагъэр зригъэгъуэтмэ, ар насыпщ. Адрейм хелъагъуэр насыпыр кIапэм, напэри щыгъупщэжауэ.
Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым, насыпу щыIэми пэIэщIэ хъуауэ аращ адыгэм адыгагъэр щыгъупщэмэ, и анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ имыцIыхумэ, хуэмысакъмэ ныбжьэгъугъэм, адэм и псалъэм, анэм и лъагъуныгъэм.
Сыт сэркIэ насыпыр? СещI сэ насыпыфIэ си анэм и гуфIэ макъым, си Инжыдж и даущым, си Къэсейхьэблэжь и нэхущым, си адыгэбзэмкIэ хуиту сызэрыпсалъэм, адыгэу сыкъызэрыхъуам…
СынасыпыфIэщ сэ, ауэ си насыпым тхьэбзэ телъщ. Ар зэи сымылъэгъуа икIи зи IэфIагъэр зыхэзмыщIа си адэм и тхьэбзэщ. Сымылъэгъуами, сощIэ, сэ абы адыгэ нэсу сигъэсэныр насыпу къилъытэнут. Си лIакъуэ сыкъызыхэкIами сызыпIами, си адэ сымыцIыхуами яхуэфащэу сыпсэунущ.
Си гум телъми тхьэбзэр -Тхьэм зэи цIыху тхьэбзэгъуджэ симыщIкIэ!
Дыщэр зи Iэпэм къыпыщ
«…Ядами сэр щхьэкIэ адыгэ фащэр,
Кавказ псом хуэхъуащ»
(МэшбащIэ Исхьэкъ)
Адыгэр лъэпкъыу щыIэм дакъыхэзыгъэщщ ди лъэпкъ фащэр! Апхуэдэ дахагъэ зэзыгъэпэщар лъэпкъ дахэкъэ? Ар зи Iэужь цIыхубзхэм хуэдэкъэ «дыщэр и Iэпэ къыпощ» жыхуаIэр!
Мис апхуэдэ IэпэIэзэхэр яхэтщ си Iыхьлыхэм.
Си анэм и анэшхуэр, Гъуэзджэщ Аминат, къуажэм дэсхэм адыгэ фащэ яхуидт, цыр игъапцIэурэ щIакIуэ, упщIэ пыIэ яхуищIт.
И анэшхуэм и IэщIагъэр щапхъэ щыхъуауэ, си анэшыпхъу Сэнэшокъуэ Зуридэ дэн-бзэным хуэIэзэщ. IэнатIэ хуэхъуауэ зыпэрытыр нэгъуэщIщ – Хьэбэз районым ЩIэнхабзэм и унэм щолажьэ, сабий садым цIыкIухэм уэрэд жыIэкIэ, къафэкIэ щарегъащIэ, адыгэ пшынэр егъэбзэрабзэ. Сыт хуэдэ гуфIэгъуэ щIыналъэм щемыкIуэкIми, Зуридэ ида фащэхэр цIыкIуми инми ящыгъыу зыкъыщагъэлъагъуэ. Сэ Зуридэ и IэрыкIхэр щыслъагъукIэ, си гур хохъуэ , срогушхуэ, щэхууи сохъуапсэ. Адыгэ фащэр едыф дэтхэнэми и Iэпкълъэпкъым екIуу. Зуридэ щыдэкIэ, сэ сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъоплъ, хуабжьу сыщIохъуэпс ещхь сыхъуну. Абы къызит бзыхьэхуэхэмкIэси гуащэхэм адыгэ фащэ яхузод, абы зезгъэщхьурэ, тхыпхъэхэр хызолъхьэ.
ЕджапIэр къэзухмэ, сыхуейт дэрбзэр IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыну, адыгэ фащэ дынымкIэ Iэзэ сыхъуну. Си гур хохъуэ Адыгэ фащэм и махуэм ди еджапIэм цIыкIуу щIэсым лъэпкъ фащэ тщыгъыу уэрамым дыщрикIуэкIэ. Сытым хуэдэу къэщIэращIэрэ Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ уэрамышхуэр! Адэ-анэхэри, егъэджакIуэхэри цIыкIухэри дызэщIыгъуу ди фащэм и махуэр догъэлъапIэ.
Сыхуейт ди фащэ дахэр, махуэ къэс тщымыгъыфми, утыку дрихьэу диIэну нэрыбгэ къэс. Фащэр щысщыгъкIэ сызригъэувэ щыIэкIэр схужыIэнукъым псалъэкIэ. Си лъэпкъыр зэрыуардэр, и тхыдэр зэрыкъулейр зыхызыощIэ. Нэхъри Iэдэбагъ схэлъыну сыхущIокъу…
ИугъащIэ ди лъэпкъ фащэм!
7-нэ классым щеджэ
Цагъэ Даянэ
Си бзэр сIурылъынщ!
Дунейм бзэ куэд тетщи, абыхэм яхэткъым нэхъыфIрэ нэхъ Iейрэ. Дэтхэнэри зей лъэпкъым дежкIэ лъапIэщ. Сэ сыхуейщбзэ зэщымыщхэр сцIыхуну, ауэ япэ изгъэщыр си лъэпкъыбзэращ, си адыгэбзэрщ.
Бзэращ лъэпкъым и псэр зыхэлъыр, ар кIуэдыжмэ лъэпкъри кIуэдыжащ.
Сэ сыхуейкъым си лъэпкъ дахэр кIуэдыжыну, сыхуейкъым фIыуэ слъагъу си адыгэбзэр кIуэщIыну. Си лъэпкъыбзэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъыфIу зызогъащIэ, сыхуэсакъыу сохъумэ. АбыкIэкъыздоIэпыкъу сиунагъуэр. Дэ тфIэфIу дропсалъэ ди адыгэбзэм, адыгэ газет къыщIыдотхыкI, адыгэ тхылъхэм доджэ.
Си адыгэбзэм и дахагъри и IэфIагъри нэхъри зыхэсщIащ, нэхъри фIыуэ слъагъуу сыхъуащ етхуанэ классым сыкъызэрыкIуэрэ. Ар зи фIыщIэр адыгэбзэкIэ дригъэджэну дызыхуэза егъэджакIуэрщ. Абы и урокхэм къытхуэмыгъэсу дожьэр. Ди егъэджакIуэр къыщIохьэри, таурыхъ дахэм дыхешэ, дызэрыадыгэм нэхъри дригушхуэу дещI.
Сыту фIыуэ адыгэу сыкъэхъуа! Сэ схузэфIэкIыр сщIэнщ си адыгэ лъэпкъым и бын пэж сыхъун щхьэкIэ. Псом япэу си бзэр сIурылъынщ !
5-нэ классым щеджэ
Даур Даринэ
Си анэшхуэр си щапхъэщ
Сэ сыхуейщ фэзгъэцIыхуну си анэшхуэ Гъуэщокъуэ Валя.
Ар унагъуэшхуэм къыхэкIащ. Нэрыбгибгъу узэдапIыныр Iуэху цIыкIутэкъым, гугъуехь куэд и фэм дэкIащ, ауэ ахэм си анэшхуэр нэхъри жану, гугъуехьым щымышынэу ящIащ, цIыхубз нэгъэса къыхэкIащ. Си нанэ гукъэкI иIэщ, акъылыфIэщ, чэнджэщэгъу бэлыхьщ. Ар зыхэмызагъэ лэжьыгъэ унагъуэм илъкъым, ауэ сэ нэхъ сфIэхьэлэмэтыр щыгъын дахэу зэридыращ. ЦIыхубзхэр унэм къыхуэкIуэурэ, щыгъын зэхуэмыдэхэр яхуед. «Iэ еIуса хуэдэкъым», – жаIэу гуфIэу Iахыж хьэзыр хъуа щыгъыныгъуэр. Сэ си анэшхуэм сырогушхуэ, щапхъэ къытызох, сыпылъщ абы ещхь сызэрыхъуным, сыщIодэIу и чэнджэщыфIхэм.
Сэ ин сызэрыхъуу сыхуейщ къыздалъхуахэмрэ си щхьэрэ щыгъын яхуэздыжыфу зезгъэсэну. Псом нэхърэ си хъуэпсапIэ нэхъ ину убж хъунущ сэ си дапIэ унэ хьалэмэт кызэIусхыну сызэрыхуейр. Ауэ сыдэзыхьэхыр махуэ къэс зыщатIагъэ щыгъынхэракъым, атIэ ди адыгэ фащэу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуар здад унэ къызэIусхынырщ. Си хъуэпсапIэр къызэхъулIэмэ, сэ дэтхэнэ адыгэми ди фащэр щыгъыу Iуэху хыхьэу хъуным сытелэжьэнущ.
9-нэ классым щеджэ
Гъуэщокъуэ Раулинэ
Адыгэ гъащIэм теухуа хъыбархэм щыщ
Litvanyalı yazar Antonas Venuolas’ın kısa bir öyküsünü Adıgeceye çevirdi Hatsıku Raya. Hikayesi Kafkasya’da geçen öykünün kahramanları iki iyi arkadaş Alibey ve Delibey’in sonradan birbirlerine düşman olmalarını anlatıyor.
ЛъыщIэж къыр
Куэд дыдэ щIащ ар къызэрыхъурэ. Къыщыхъуари щIыпIэ телъыджэт: игъащIэ лъандэрэ бгыхэр уафэм щIэгъакъуэт, Къазбэчыбгым зэи темыкI уэсыр дыгъэм пэлыд зэпытт, зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуи, щымыщхьэукъуэм, ЩIы хъурейм и блэкIар игу къигъэкIыжу, хэгупсысыхьт. А щIыпIэм щежэхт Тэрчыпсыр, и тхъурымбэхэр Дарьял аузым пхыришу, бгымрэ губгъуэмрэ кIуэцIришу. А щIыпIэм бгыхэр уэсылъэми, бгы лъапэм удз гъэгъахэм я мэ гуакIуэр щытепщэт. А щIыпIэрат Нэсрэн ЖьакIэ бгым щраIулIар, къыпхуэмыгубзыгъын хуэдиз бэлыхь щрагъэшэчар.
Лъагъуныгъэри лъагъумыхъуныгъэри щызеуэрт а щIыпIэм, цIыхум тепщэ хуэхъурэ езы цIыхури абыхэм я тепщэу…
А щIыпIэм щыпсэурт хуитыныгъэм япэ зыри изымыгъэщ шыщхьэмыгъазэ лъэпкъ. Абы я цIыхухъухэр лъэщт, хахуэт, теплъафIэт, я цIыхубзхэр – дахэт, лантIэт, узыIэпызышэт. НэгъуэщI зыщIыпIи къыщалъхуртэкъым мыхэм хуэдэу цIыху екIу, хьэл-щэн зэпэщ зиIэ.
Дунейм хуиту зэрытетымкIэ ахэр зэбгъэщхь хъунур уафэм щыхуарзэ бгъэм и закъуэт. Абыхэм я дежкIэ зекIуэмрэ къуентхъ къэщIынымрэ лIыгъэм и нэщэнэхэм ящыщт, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувауэ къадекIуэкIт.
Мыбы я цIыхухъухэм IэнатIэу яIэр зауапIэрт, щытыкIэу яIэр бийм пэщIэтынырт. Ауэ нэхъ шынагъуэр лъэпкъым лъапсэкIуэд къыхуэзыгъэкIуэнкIэ хъуну хабзэ зэраIэрт – лъыщIэжыр.
Щыпсэуащ а зэманым Малкэ къуажэм лIы ахъырзэманитI, зэныбжьэгъуитI- Алибейрэ Дэлыбейрэ. ЩакIуэ щыкIуи, зекIуэ щежьи, зауапIэм щыIухьи – зэи зэкIэрыкIыртэкъым зэныбжьэгъу пэжхэр. Алибей и джатэр зылъэмыIэсар Дэлыбей и джатэпэм фIэлъу иIэтырт, Дэлыбей и аркъэным къимыубыдам Алибей и шэр кIэлъыщIыхьэрт. Я псэр зы чысэм илът щIалитIым.
Арати… Джэду фIыцIэр яку дэжащ Алибейрэ Дэлыбейрэ. Лъы яку дэлъым хуэдэу, зэбий кIэуфIыцI хъуахэщ. Яхуэмыгуэшар зекIуэ щежьам гъэр къащIа цIыхубзырт. Ар зылъысынум щхьэкIэ зэпэувыжри, джатэ къихакIэ зэзэуащ. Езыхэм я закъуэтэкъым зэзауэр, яшхэми, зым и сокур адрейм дзэкIэ иубыдауэ, ириудыну, щыхупIэм щидзыну зэныкъуэкъурт.
ИкIэм икIэжым Дэлыбей щыхупIэм ирихулIащ и ныбжьэгъуфIу щытар. Алибей зытес шым и плIэ лъакъуитIыр фIигъэнауэ зригъэхуэхтэкъыми, Дэлыбей Iэбащ и джатэр щIалэм и гущхьэм хихуэну. Абы ирихьэлIэу Алибей къапхъуэри джатэкIэ Дэлыбей и щхьэр пиупщIащ. ЗэныбжьэгъуитIри, яшхэм зэрытесу, щыхупIэм ехащ, нывэ къэпIийхэм техуэм адэкIэ игъэлъейуэрэ.
КIуэдыжащ лъыщIэж хабзэ шынагъуэр. Ауэ нобэми БырмамытI лъагапIэм щыболъагъу къыр закъуэ къэпIийр. Жыжьаплъэу ар ебгъэщхьынущ щIакIуэ зытеубгъуа шууеитI зызэрапщытауэ зэрыукIым. А къырым зэреджэр ЛъыщIэж къырщ.
Нобэми цIыхухэм къащохъу щыхупIэм и лъабжьэм зэныбжьэгъуу щытаитIым я зэзауэ макъыр къыдэIукIыу.
Литвам я тхакIуэ Антонас Венуолис
итхыжа хъыбарыр зэзыдзэкIар
ХьэцIыкIу Рещ.
Адыгэм мэкъамэм, пшыналъэм гулъытэ ин хуищIыу щытащ сытым щыгъуи
Bak Madina, müzisyen Thalecekua Suzan ile müzik ve müzikal yolculuğunu konuştu.
Ар зэрихъумэн, зэрызригъэужьын Iуэхуи зэрихуэт. ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ бжьамиймрэ шыкIэпшынэмрэ пшынэри бгъурыуващ иужьырей илъэсищэм. Нобэрей хьэгъуэлIыгъуэхэми куэду уащрохьэлIэ пшынэмрэ барабанымрэ зэгъусэу мэкъамэ кърыгъэкIыу. Пшынэ еуэкIэм и щэхухэр иджыну зи мурад ди ныбжьыщIэхэм ящыщ зыщ, нобэ ди псэлъэгъур. Ар ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм и къэрал институтым и ещанэ курсым щеджэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэщ.
– Сюзаннэ, узыхуеджэ IэщIагъэм, ар къыхэпхын хуей щIэхъуам укъытхутепсэлъэфыхьыну?
– Сызэрысабийрэ адыгэ къафэм, пшыналъэм сыдихьэхт. КъэфакIуэ гупым сыхэтт, пшынэри сфIэфIти, макъамэм щыхурагъаджэу Налщыч дэт етIуанэ еджапIэм сыщIагъэтIысхьащ. Си насыпым къырихьэкIри егъэджакIуэу сызыпэщIэхуар Кхъуэжь Мадинэщ. Пшынауэныр IэщIагъэ сщIыну сызэрехъуэпсари зи фIыщIэр аращ. Си гъащIэм хэх имыIэу къыхипщащ а IэщIагъэр.
– Лъэпкъ гъуазджэм пшынэм сыт хуэдэ къалэн щигъэзащIэрэ? Сыт хуэдэ увыпIэ щиIыгъыу къэплъытэрэ?
– ЗэрытщIэщи, лъэпкъ къэсыхунк1э езым и гъуазджэ, щэнхабзэ и1эжщ; и купщ1э, и гуращ1э, и гукъеуэ къри1уатэу. Ди адыгэ лъэпкъ гъуазджэм и зы къудамэщ пшыналъэри. Пшынэ еуэныр къыщ1ыхэсхари арауэ къыщ1эк1ынщ, гум щыщ1эр, псэм ф1эф1ыр къырыбо1уэтэф.
– Пшынэ еуэкIэ зебгъэсэну гугъу?
– Пшынэ еуэк1э зебгъэсэныр гугъурэ тыншырэ жыс1эфынукъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ сэ къызэгугъуэк1акъым, ар зи ф1ыщ1эр япэ махуэм щыщ1эдзауэ нобэр къыздэсым гугъу къыздехь си егъэджак1уэ, ущияк1уэ, нэхъыжьыфI Кхъуэжь Мадинэщ. Сырогуф1э, сыропагэ, сырогушхуэ си гъащ1эм ар къызэрыхыхьам. Абы ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм и къэрал институтым щрегъаджэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ иджыблагъэ ди республикэми, Осетие Ищхъэрэми илъэс куэдк1э зытелэжьа 1уэхугъуэм, и 1эщ1агъэм хуэфэщэн пщ1э къызэрыхуащ1ар. И махуэшхуэм ирихьэл1эу къыхуагъэфэщащ «Гъуазджэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
– Сэ зэрысщIэмкIэ, уи пшынэ еуэкIэр утыку куэдым къыщыбогъэлъагъуэ. Сыт хуэдэ зэхьэзэхуэхэм ухэта? Сыт хуэдэ увыпIэхэр къыщыпхьа?
– Пэжщ, къыхэсха IэщIагъэм и фIыгъэкIэ куэдрэ утыку сохьэ. Ди республикэм къыщынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэ республикэхэми концерт щыдот. Зэхьэзэхуэ, зэпеуэкIэ утыку дохьэ, IэнэщIыуи зэи дыкъэкIуэжыркъым:
Ростов-на-Дону къалэм щекIуэкIа Еханэ дунейпсо зэпеуэм япэ увып1эр, Дагъыстэн республикэм щекIуэкIа Ебланэ дунейпсо зэпеуэм – япэ увыпIэр, Астрахань къалэм щекIуэкIа зэпеуэ «Голоса Золотой степи» дунейпсо зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщытхьахэщ. Иджыблагъэ Казань щек1уэк1а «Кубок Поволжья» Дунейпсо зэпеуэм си егъэджакIуэми сэри зэрызу япэ увыпIэр, зэгъусэу дыздеуэуи япэ увыпIэр къэтхьащ. Абы дикIри Бытырбыху щызэхыхьа «Петропавловские Ассамблеи» Дунейпсо зэпеуэм сэ етIуанэ увыпIэр къэсхьащ, си егъэджакIуэмрэ сэрэ дыздеуэу ещанэ увыпIэр къэтхьащ, Налщыч щекIуэкIа «Шемякинская Весна» зэпеуэм дыкърихьэлIэжри сэ гран-при къыщысхьащ.
– Тхьэм уригъэфIакIуэ, Сюзаннэ, ауэ зэхьэзэхуэхэм узэрыхэтым нэмыщI, уэ иджыри гуп ухэту пшынэ уоуэ, сыщымыуэмэ?
– НтIэ, пэжщ. «Bzabza» адыгэ-абхъаз лъэпкъ мэкъамэ Iэмэпсымэхэм я ансаблым я гъусэу утыку ситщ. Абы си ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIум и гъусэу сыкIуауэ я мэкъамэр сигу ирихьащ. Абы иужь Зубер сыригъэблэгъати, «хьэуэ» къыхэзмыгъэкIыу, арэзы сыхъуащ. Дызэгъусэу кэнцертхэр дот.
– Пшынэм къикI мэкъамэр щIалэгъуалэм дауэ зыхащIэу пIэрэ?
– Си гуапэ мэхъу нобэ ди щIалэгъуалэм сыт хуэдэ джэгуми пшынэр щыбзэрабзэмэ нэхъ къызэращтэр, ауэ къызыдэфэ макъамэхэр зыхэзыцIыхукIыу схужыIэнукъым. Уеблэмэ адыгэ макъамэ къыщемыуэха джэгу ущырихьэлIэ къохъу. Сыт хуэдэ лъэпкъми я къафэкIэр, я IуэхудэхыкIэр къатщтэурэ, ди адыгэ лъэпкъым дахагъэу диIэр IэщIыб зэрытщIыр си жагъуэ мэхъу.
– Еджэн къэбухмэ, сыт хуэдэ мурадхэр, хъуэпсапIэхэр уиIэ? Уи IэщIагъэр дэнэ къыщыбгъэсэбэпыну уи мурад?
– Еджэныр къэзухыным иджыри илъэс зыбжанэ сиIэщи, куууэ сегупсысакъым си хъуапсапIэхэми, мурад сщIынуми. Ауэ тегъэчыныхьауэ зы схужыIэнущ – пшынэ еуэнымрэ а IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ зэдэсхьынущ. Пшынэр си гъащIэм щыщ Iыхьэщ.
– Ди щIалэгъуалэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэн?
– «Сыадыгэщ!» жызыIэ дэтхэнэ зыми ди къалэнщ цIыхугъэ тхэлъыну, хабзэр зетхьэну, бзэм дрипсалъэну, щIэныгъэ зэдгъэгъуэтыну, ди щIыхьыр тхъумэну, ди лъэпкъ гъуазджэр ипэкIэ дгъэкIуэтэну. Ар зи пщэ дэлъыр дэращ – нобэрей щIэблэращи, щхьэж тхузэфIэкIыр тщIэмэ адыгэ лъэпкъыр дефIэкIуэнущи, Тхьэм къыдигъэхъулIэ!
Хабзэр убзэкъым, къалэныр Iулъхьэкъым
Haradura Alla, xabze ve toplumsal dinamiklerin oluşumu ve seyri üzerinde sesli düşünüyor.
Iуэху еплъыкIэ
Куэдрэ согупсыс: «Сыту пIэрэ ди лъэпкъ хабзэ дахэм, нэмысым я къежьапIэр? Ар дэ, адыгэхэм,нэгъуэщIу щхьэ тхэлъ? Хабзэрзыгуэрым къимыгупсысауэ, атIэ ар гъащIэм къыхэкIыр пэжмэ, сыту пIэрэабы лъабжьэ хуэхъуар?»ГъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ ди хабзэм и фIыпIэхэм ящыщщнэхъыжьым хуащI пщIэмрэ нэмысымрэ.Дауэ ар зэрыщытыр, сыт абы хыхьэр?
Тхыдэм уриплъэж нэужькIэ, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэлIэ зэманыжьблэкIахэм цIыхухэм я жьы хъуахэр яукIыжу, бгым щадзу, е ахэр цIыху здэмыкIуэ щIыпIэ пхыдза гуэрхэм яшэрэ абы щылIэну къагъанэу щытауэ. Псори дыщыгъуазэщ ди IуэрыIуатэм хэт апхуэдэ хъыбарым.Абы къызэрыщыIуэтэжамкIэ, абдежым адыгэхэм щагъэтащ жьы хъуахэр бгым щадзыжыныр. Жьы хъуа цIыхум къару имыIэж щхьэкIэ, гъащIэм къритауэ Iущыгъэ ин бгъэдэлъщ. Ар мыльку мащIэкъым. Аращ адыгэхэм «Акъыл былымщ»щIыжаIэр.
Шэч лъэпкъ хэлъкъым, адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэхъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъэрщ, гупсысэрщ. КъэкIуатэурэ, ар хабзэу зэфIэуващ,лъэпкъ псомзэдайуэ икIи адыгагъэм щыщ хъуащ.
Куэд къызэщIеубыдэ «нэхъыжьым и пщIэ» жыхуаIэм. Апхуэдэщ абы и сэмагурабгъум ущытыныр, укIэлъымыджэныр,и гъуэгу зэпумыупщIыныр, и псалъэр зэпумыудыныр. Нэхъыжьым яхэпсэлъыхь щIалэм къигъэсэбэпырт мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Фэ фымыщIэ сэ фхэслъхьэну аракъым, ар фэ фигу къызэрыкIрэ Iэджэ щIагъэнщ…» Апхуэдэу нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж. Къыхэгъэщыпхъэщ: зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым – къотэджри нэмыс хуащIхьэщIэми бзылъхугъэми, ахэр гъунэгъуми хамэми, я унэ исми губгьуэм итми – зэхуэдэщ.
Адыгэ унагъуэ ирапIыкIа псоми дощIэ: Iэнэ дыщыпэрытIысхьэкIэ,нэхъыжьым езым и тIысыпIэ иIэщ. Ар зыхуэзэр жьантIэрщ. Къуэхэм, балигъ, бынунагъуэ хъужами, тутын ефэу я адэм е нэхъыжь гуэрым зэи ирагъэлъагъуртэкъым, чэфу ябгъэдыхьэныр къызогъанэри. Унагъуэм, лъэпкъым я унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлъщ. Нэхъыжьым и пщIэр, и щIыхьыр пасэ зэманым апхуэдизкIэ лъагэти, лъэпкъым, унагъуэм фIы къехъулIэми Iей къыщыщIами, зыхуахьыр нэхъыжьхэрт, абыхэм яхуэщIа, яхуэмыщIа унафэрт. Ноби нэхъыжьым и арэзыныгъэ хэлъын хуейщ сыт хуэдэ Iуэхуми. Ауэ абы къикIыркъым унагъуэм чэнджэщ имылъу, абы зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ щыщымыIэу.
ИгъащIэми адыгэхэм къыддокIуэкI уэрам тетIысхьэпIэм утесу нэхъыжь блэкIмэ, укъэтэджын зэрыхуейр, блэкIыр цIыхухъуми бзылъхугъэми емылъытауэ.ЗырижыдмыIэми, дыкъызэрытэджам къокI абы и ныбжьым пщIэ зэрыхуэтщIыр, фIэхъуси зэрепхыр. Нэхъыжьхэм къызэрыджаIэмкIэ, блэкIыр сабийдыдэу щымытмэ, ар блэкIыууэущысыныр нэмысыншагъэщ, уэри цIыхуу зыплъытэжмэ, ухуэтэджын хуейщ. Абы теухуа хъыбар щыIэщ. ЛIыжь гуп уэрамым щызэхэсу зы хъыджэбз цIыкIу блэкIырти, Къэзанокъуэ Жэбагъы абы къыхуэтэджат. Ар сабийм щIыхуэтэджамкIэ щеупщIым: «Сэ сызыхуэтэджар абы и ныбжьракъым, атIэ ар анэ зэрыхъунурщ, абы лъэпкъым зэрыпищэнурщ, бзылъхугъэм и пщIэрщ!» – яжриIэгъат къеупщIахэм лIы Iущым.
Адыгэ хабзэ бгъэзэщIэным зыгуэрым урихулIэркъым, атIэ ар зумыхьэныр уи напэм къыпхуемыгъэзэгъыу аращ.Дихабзэм и лъабжьэр шынагъэкъым, атIэ гуапагъэщ, пэжыгъэщ. Абы нэгъуэщI зыгуэр щIыхэплъэгъуэн щыIэкъым. Апхуэдэхэм деж жаIэ: «Хабзэр убзэкъым, къалэныр Iулъхьэкъым», «Хабзэр убзэу зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэ».
Сыт хуэдэ лъэпкъмиезым и хабзэ иIэжщ.Ахэр йокIу зей лъэпкъым и дуней тетыкIэм, зэхэтыкIэм, къикIуа гъащIэ гъуэгум. Хабзэхъумэ IэнатIэ гуэри конституцэ хуэдэ дэфтэр тха гуэриямыIэу адыгэхэр зэхэтыкIэ дахэ яIэу илъэс мин бжыгъэкIэпсэуфащ. Абыхэм я гъащIэм щынэхъыщхьэр адыгэ хабзэрт, лъэпкъ нэмысырт. Дэтхэнэми и щхьэм пщIэ хуищIыжырт, езым е къыдалъхуа, и лъэпкъым къыхэкIа гуэрым и цIэр IейкIэ Iуным щыщтэрт. ЗыгуэркIэ апхуэдэ къэхъумэ, абы тралъхьэну къуэдыри хьэзырт, и щхьэ къиIэту цIыхум Iуплъэжыфыртэкъым. А гупсысэм адыгэр сыт щыгъуи щихъумэрт мыхъумыщIагъэ лэжьыным. Ноби апхуэдэущ дызэрыпсэун хуейр: ди лъэпкъ напэр тхъумэу, ди анэдэлъхубзэр тIурылъу, нэхъыжьхэм щIэину къытхуагъэна адыгэ хабзэр дгъэзащIэу.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ