ПщIэ зиIэ Владимир Владимирович!

0
934

Hatokşokho Kazi Adige Dil Derneği yöneticilerinden Rus dili ve edebiyatı öğretmeni Hatsıku Raya, Putin’e yeni yasanın iptali için bir mektup yazdı. Mektubunda, Sovyet sisteminde bütün halkların aynı eğitimi aldığını; halkların dili, kültürü yaşam biçimleri farklı da olsa ortak bir vatanda yaşadıklarını; vatanlarını, özgürlüklerini, dillerini korumalarını öğrettiğini belirten Raya, anadil yasasıyla Rusya Federasyonu’ndaki halkların anadillerinin öğretilmesinin önünün kesildiğini belirtiyor ve Vladimir Putin’in bu yanlıştan dönülmesi için yasal düzenlemeyi geri çekmesini istiyor.


Сэ, ХьэцIыкIу Алджэрий ипхъу Рае, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэур, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм, уэ, дэтхэнэ цIыхуми лъэпкъхэми я хуитыныгъэр хъумэным и джэлэсым, зыпхузогъазэ. Совет системэм лъэпкъ псори и зэхуэдэу игъэса сэ езгъаджэ цIыкIухэм ягурызогъаIуэ: дэ, лъэпкъхэр, дызэщхьэщокI ди псэукIэмкIэ, бзэмкIэ, ди фэмкIэ, хабзэ зетхьэхэмкIэ, ауэ – дэ зы къэрал дыщопсэу. Дызэзыпхри куэд мэхъу: щалъхуа щIыналъэм хуэпэжыным, адэ лъапсэжьыр фIыуэ лъагъуным, ди щхьэм хуэтщIыж пщIэм, пэжыгъэмрэ хуитыныгъэмрэ дызэрыхущIэкъум, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуэтщIым, сабийм дызэрыхуэнэхъуеиншэм, цIыхубзыр къэхъугъэ телъыджэу къызэрытлъытэм, ди хабзэ, ди бзэ тхъумэжыну дызэрыхуейм. Ар хьэкъ ящысщIын папщIэ тегъэщIапIэ сощI «Урысей: лъэпкъхэм ехьэлIа Iуэхухэр» зи фIэщыгъэцIэ уи тхыгъэм хэт псалъэхэр:

«Дэ долъагъу къытпэщылъ лэжьыгъэм хэлъ унэтIыныгъэхэр. КъыдгуроIуэ нэгъуэщIхэм зыми ямыIэ дерсхэр тхыдэм къыхэкIауэ дызэриIэр. Ди тегъэщIапIэ лъэщщ лъэпкъхэм я дуней зыхэщIэкIэ, гупсысэкIэхэр, я гъуазджэр, нэгъуэщIхэм къащхьэщигъэкIыу езыхэм зэтехуэныгъэ, зэщхьыныгъэ яхэлъыр.

Дэ нэхъри дгъэбыдэнущ дяпэ итахэм къытхуагъэна ди къэралыр. Зыужьыныр зи щытыкIэ къэралыр, лъэпкъ зэмыщхьхэмрэ дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэмрэ зэгъэзэгъыныр зэзыгъэхъулIэфыр.

Дэ лIэщIыгъуэкIэрэ дызэдэпсэуащ. Зэгъусэу дытекIуащ зауэу щыIам я нэхъ шынагъуэм. АдэкIи дызэдэпсэунущ…»

Сэ си фIэщ хъуащ уэ пхуэдэ президентым жиIэр: къэрал лъэлъэжар зэщIэкъузэжыным тегушхуауэ пэрыувам, къэрал кIуэцIым щекIуэкI зауэр зэтезыгъэувыIам, залымыгъэр зыгъэмэщIам. Уэ къэралхэм ядебгъэкIуэкI политикэм кърикIуат Урысейм пщIэ къыхуащIыжыныр, и псалъэм къыфIэлIыкIыныр. Ауэ къэрал кIуэцIым щекIуэкI политикэм сегъэгузавэ, сыту жыпIэмэ сыхуейщ ди цIыхухэр мамыру, зыхуей ягъуэту псэууэ слъагъуну. Совет гъэсэкIэм си фIэщ ищIат лъэпкъ зэмыщхьхэр къэралым и къару къикIыпIэу, зыр адрейм дызэрыфIэхьэлэмэтыр а зэмыщхьагъырауэ. Дэтхэнэми ди бзэ диIэжщ, ди зэхэтыкIэ-гупсысэкIэ къыддогъуэгурыкIуэ, «цIыхугъэ», «напэ», «нэгъуэщIхэм ягъуэтыпхъэ пщIэ» жыхуиIэ гурыIуэныгъэхэм лъабжьэ хуэхъуу.

Илъэс кIуахэм си гузавэр шынэм хуагъэкIуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Урысейм мамырыгъи зыхуей хуэзи щымыIэжыну къысщохъу. Ар къызыхэкIыр ищхьэ дыдэмкIэ цIыхубэм къегуауэ унафэ мыщхьэмыпэхэр къыщащтэри аращ. Псом ящхьэу къысщохъу лъэпкъхэм я бзэр яджыжыныр я гукъыдэжым езыпхыж хабзэр. А хабзэр кърахьэжьэным лъабжьэ хуащIар уэ уи псалъэщ: «ЦIыхум къыдамылъхуа бзэр иджын хуейуэ хэбгъэзыхьыныр тэрэзкъым, урысыбзэр джыным ират сыхьэт бжыгъэр бгъэмэщIэныр зэрымытэрэзым хуэдабзэу. Урысей Федерацэм и щIыналъэ унафэщIхэм абы гу лъызогъатэ». Сэ къызгурымыIуэр зыщ: уэ гулъытэ зыхуебгъэщIар бзэр зимыанэдэлъхубзэм иджыну хэгъэзыхьын зэрыхуэмейращ. АрщхьэкIэ егъэджэныгъэм кIэлъыплъу Урысейм иIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гужьеяуэ щIыналъэхэр къызэхажыхьащ анэдэлъхубзэм хухаха сыхьэт бжыгъэм кIэрауду. Абы щыгъуэми зы щIыналъэ диIэкъым урысыбзэм и сыхьэт бжыгъэм хуэдиз е нэхъыбэ анэдэлъхубзэм хухахыу. КIэщIу абы къыкIэлъыкIуащ анэдэлъхубзэр гукъыдэжкIэ джыныр къыхэзылъхьэ хабзэр. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, егъэджэныгъэм кIэлъыплъхэм зэрахьа Iуэхури ди депутатхэм къыхалъхьа хабзэри уэ жыпIам зыкIи техуэркъым. Ауэ анэдэлъхубзэхэр укIыным хыхьа псоми – егъэджэныгъэ лэжьыгъэм кIэлъыплъхэми депутутхэми – зы гуращэщ яIэр: ищхьэ дыдэмкIэ къикI унафэхэр щIигъуу зэрагъэзэщIэнур IупщI ящI. Сэ си лъэпкъым иIэщ псалъэжь: «ПыIэр къэхь, жраIати, щхьэри къихьащ».

Анэдэлъхубзэр умыджми хъуну Iуэху къызэраIэта къудейм цIыхухэм гупсысэ къарет, урысыбзэм къищынэмыщIауэ, адрей бзэ псори мыхьэнэшхуэ зимыIэу, пщIэ къамылэжьу. Зыми къыхилъхьэркъым, псалъэм папщIэ алгебрэр ямыджми хъуну, ар къызыгурыIуэ куэд еджапIэр къэзыуххэм яхэмытми. Анэдэлъхубзэр джыным и унафэр къахуонэж, Iэмал иIэхэмэ, сыт хуэдэ дерсри я пщэм дахыжыну хьэзыр адэ-анэхэм. Къарууэ яIэр ирахьэлIэнущ урысыбзэмрэ математикэмрэ, ауэ ари къызыхэкIыр Iэмалыншэу къапэщылъ къэпщытэныгъэхэм егъэгузавэри аращ.

ЕтIуанэу елэжьыжу хабзэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэм Iуэхур нэхъыфI ищIакъым, атIэ нэхъри дызыгъэгузавэ мэхъу. Анэдэлъхубзэхэр Iэмал имыIэу яджын хуей дерсхэм къыхагъэнэж (мыбы щыгъуэми бзэр къуалхьэжыфынущ зы сыхьэт-сыхьэтитI нэхъыщхьэ хухамыхыу щытмэ), ауэ адэ-анэм анэдэлхубзэу нэгъуэщIыбзи къащтэну хуитщ. Абы и гъусэу урысыбзэм иратащ «анэдэлъхубзэ» цIэр, алъандэрэ зэреджэр «къэралыбзэт». Аращи, нэгъуэщIыбзэр зэрыурысыбзэнум шэч хэлъкъым. Абы тригъэгушхуэркъэ адэ-анэхэр я бзэм епцIыжыным? Сыт хуэдэ цIыхугъэрэ пэжыныгъэрэ къыщыплъыхъуэ хъуну зи анэбзэм ебэкъуа цIыхухэм я деж? Ар къэралым дежкIэ мыхьэнэ зимыIэжын гупсысэкIэ-щыIэкIэщ, зи зэщхьыныгъэр, зэтехуэныгъэр зыфIэкIуэда лъэпкъщ.

ЩытыкIэр зыхуэкIуэр Лев Толстой щэджащэм жиIауэ щытаращ: «…Николай и зэман зи зыужьыкIэр мыгурыIуэгъуэ, умыдэныр къомыхъулIэнщ, арэзы удэхъуфынукъым, упсэуну ухуейщ». Мы къыхалъхьа хабзэр умыдэныр гугъу зыщIыр бзэр зейхэм я зыхэщIэныгъи я псалъи ди «цIыхубэм и пщылIхэм» къызэрырамыдзэмрэ къэрал унафэщIым и псалъэр тегъэщIапIэ зэращIымрэщ, а псалъэхэм я купщIэмрэ мыдрейхэм къагъэхъумрэ зэтемыхуэу щытми. Арэзы уадэхъунри Iэмал зимыIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а хабзэр лъэпкъым и лъынтхуэ нэхъыщхьэм – и бзэм – тегъэпса джатэщ. Адыгэ адэ-анэм къалъхуа, адыгэ быным я анэ сэ сыхуейщ си лъэпкъыр щыIэну, ныбжьышхуэ зиIэ си анэдэлъхубзэр адэкIи къытщIэхъуэхэм яIурылъыну, уи бзэм уепцIыжыныр къэрал хабзэм къитIэсу щIэблэм я акъылым имытIысхьэну.

ПщIэ зиIэ Владимир Владимирович! БжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэм я бзэм зиужьынукъым къэралым и дэIэпыкъуныгъэ ямыIэмэ. СынолъэIу мы хабзэншагъэ екIуэкIым гу лъыптэу анэдэлъхубзэр щхьэж и гукъыдэжым елъытауэ яджын хуейуэ къыхалъхьа хабзэр Iупхыжыну, афIэкIа зэй къэIэтыжын хуэмейуэ. Аращ унафэм я нэхъ акъыл зыхэлъ, пэж хъунур. Анэдэлъхубзэр адэкIи яджыпхъэщ къэралым, щIыналъэхэм я Конституцэм зэрыжиIэм тету, щIыналъэхэм Бзэр джыным и хабзэу къащтахэм зэриту. Къарум и лъэкIыныгъэм пэжым и лъэкIыныгъэр иригъэкIуэтын хуейкъым.

СынолъэIу щIыналъэ унафэщIхэм гу лъебгъэтэну лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэ бзэм зиужьа зэрыхъунум и Программэ щыIэныр, ар гъэзэщIэныр Iэмалыншэу зэрыщытым.

 

ПщIэ къыпхуищIу, гугъэ иIэу,

ХьэцIыкIу Рае

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz