Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Şubat 2019

0
1395

Тхылъыр зытхам теухуауэ

Lıh Ludmila’dan kendisinin kısa bir biyografisi ve öğretmenlerin dünyasına dair mizahi yazısı…

Лыхь (Къэшэж) Людмилэ Хьэжысмел и п хъур КъБАССР-м и Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къэрмэхьэблэ къуажэм щопсэу. l972 гъэм мы къуажэм и курыт еджапIэ 2-нэм щIэтIысхьэри 1983 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. А гъэ дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие къудамэм щIэтIысхьэри 1989 гъэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ иригъэджыну хуиту тхылъ къратыжащ.

1987 гъэм Къэрмэхьэблэ курыт еджапIэ 3-нэм лэжьэн щыщIидзащ, 1995 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым Къэрмэхьэблэ курыт еджапIэ l- нэм щолажьэ, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ 5-ll-нэ классхэм ирегъэдж.

Лыхь Л.Хь. и лэжьыгъэм йогугъу, еджакIуэхэм дэлэжьэну фIэфIщ. Абы и щыхьэтщ Лыхьым и еджакIуэхэр зэпымыууэ районми, республикэми щекIуэкI олимпиадэхэм, зэпеуэхэм жыджэру зэрыхэтыр, куэдри япэ увыпIэхэр къызэрахьыр.
Апхуэдэу абы и еджакIуэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ щыпэрытщ «Псори сщIэну сыхуейщ» зэпеуэм.

Здэлажьэ еджапIэм Людмилэ къыщыдегъэкI «Ди дуней» газет; «Нур» журналым, «Адыгэ псалъэ», «Зольские вести» газетхэм матхэ, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, лъахэм и тхыдэр джыным йолэжь.

И лэжьыгъэфIым папщIэ Лыхьым къыхуагъэфэщащ Дзэлыкъуэ куейм и РУНО-м, «Адыгэбзэ хасэм», МОН КБР-м, КъБР-м и Парламентым,
МОРФ-ым къыбгъэдэкIыу фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ дипломхэмрэ.

«Гушыlэр Тхьэм и щlасэщ» – мы гъэм къыдэкlар – Людмилэ и тхылъ етIуанэщ. Япэ тхылъыр – «Лыхь лъэпкъыр» – 2014 гъэм ООО «Тетраграфым» къыщыдэкIащ.

***

Сабийхэм жаIэ «Гушыlэр Тхьэм и щlасэщ» тхылъым ихуахэм щыщщ мы таурыхъыр

ЖысIэну хъуар жаIащ…
ЕджакIуиплI дерсым (урокым) къыкIэрыхуати, къыщIыкIэрыхуам и щхьэусыгъуэмкIэ егъэджакIуэр еупщIырт.
-Ди сыхьэтыр увыIати, сыкъыкIэрыхуащ, -жиIащ зым.
-Сэ хущхъуэхьэ сагъэкIуати, сыгуващ, -жиIащ етIуанэм.
-Сэ си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIур садым сшати…,-жиIащ ещанэм.
ЕплIанэм деж чэзур* къыщысым, хъыджэбз цIыкIур къэгъащ.
Щхьэ угърэ? Сыт уэ къытхуэбгупсысынур?
-Сэ жысIэну хъуар жаIакIэщи, согъ…

Къысщогъупщэ…
-Уи унэ лэжьыгъэр зэрыт тетрадыр сыгъэлъагъут.
-Къысщыгъупщащ.
-Къыпщымыгъупщэн щхьэкIэ, зыщIыпIэ деж тетхэ!
-Апхуэдэуи сеплъат, ауэ зытестхари къысщогъупщэ.

Мис аращ-тIэ…
ЩIалэ цIыкIур автобусым ису макIуэ. Абы зы лIыжь тIысыпIэншэ къыщхьэщытщ. Зыкъомрэ кIуа нэужь, щIалэ цIыкIур лIыжьым йоупщI:
-Дадэ, уи лъакъуэр узрэ?
-Iей дыдэу мэуз, си щIалэ цIыкIу.
ТIэкIу докIри, аргуэру йоупщI:
-Дадэ, уэ ущыцIыкIум щыгъуэ укъэтэджурэ нэхъыжьхэм тIысыпIэ ептрэт?
-Ахьей естрэт!
-Мис аращ-тIэ уи лъакъуэр щIэузыр!

ЩыпщIэн щыIэжкъым
Къуэр еджапIэм къокIыжри и адэм зыхуегъазэ:
-Папэ, си егъэджакIуэм уриджащ.
-Сыт щхьэкIэ?
-Щхьэгъубжэр скъутати…
Адэр еджапIэм кIуащ. ЕтIуанэ махуэм:
-Папэ, иджыри зэ унэкIуэн хуейуэ жиIащ егъэджакIуэм.
Химие лабораторием мафIэ щIэздзащ…
Ещанэ махуэм:
-Папэ, унэмыкIуэу мыхъуну жиIащ егъэджакIуэм…
-Сешащ. Зэи сынэкIуэнукъым дяпэкIэ.
-НэхъыфIщ, щыпщIэн щыIэкъым а школ ныкъуэкъауэм.

Ерагъмыгъуейуэ…
Ланэ цIыкIу анэшхуэм зыхуигъэгусауэ шысщ.
-Сыт, сыношхыдащи, иджы фIыуэ сыкъэплъагъужыркъэ?
– йоупщI анэшхуэр.
Ланэ фIыуэ мэгупсысэри жеIэ:
-Сэ ерагъмыгъуейуэщ фIыуэ узэрыслъагъур!
-АтIэ афIэкIа морожнэ къыпхуэсщэхунукъым.
-АтIэ сэри псоми зэхахыу «нанэкIэ» сыноджэнущ!

ДэIэпыкъуэгъу
Анэр щIэупщIащ:
-Данэ, удэIэпыкъуа нанэ къазхэр щигъэхъум?
-СыдэIэпыкъуащ.
-Дауэ?
-Сэ ахэр зэпымыууэ сыбжащ.

Сэри пенсым сывгъакIуэ
Хьэзрэт цIыкIу и адэм еупщIащ:
-Папэ, мо дадэр махуэ къэс щхьэ тетIысхьэпIэм тес?
-Ар пенсионерщ, лажьэми мылажьэми хъунущ.
-АтIэ сэри садым сывмышэу пенсым сывгъакIуэ.

Мыр сыт?
ЩIалэ цIыкIум жеIэ:
-Папэ, ди егъэджакIуэм зэи шы илъэгъуауэ къыщIэкIынкъым.
-Сыт апхуэдэу къыщIыпщыхъур?
-Нобэ урокым сыщIэсу шы сурэт сщIати, абы еплъщ-еплъри къызэупщIащ: «Мыр сыт?»

***

Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?

Edebiyat öğretmeni Mekul Beslan, Adigecenin geleceğini 450 denek üzerindeki görüşmelere dayanarak yorumluyor

Нобэрей гъащlэм и зы хабзэщ сыт хуэдэ и лъэныкъуэкlи лъэбакъуэ абы дэпчыныр. Ар фlыуэ къызыгурыlуа цlыху щхьэхуэхэми лъэпкъ зэхуэмыдэхэми заужь, йофlакlуэ.Апхуэдэ зыужьыныгъэр абыхэм гуэгъу хуащlыркъым езым къыдалъхуа бзэр lумпэм щlынымкlэ, ар гъэкlуэдынымкlэ. Адыгэ лъэпкъыр куэд щlауэ къогъуэгурыкlуэ.Фlыгъуэ къытхуихьэсахэми ящыщщ адыгэбзэр. «Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?» упщlэм жэуап мыарэзыныгъэ хэлъу ептыныр емыкlущ.Ауэ апхуэдэу къалъытэу пlэрэ адыгэу зыкъэзыбжыж дэтхэнэми?Мы упщlэмкlэ захуэзгъэзащ егъэджакlуэхэм, еджакlуэхэм, lэнатlэм зэхуэмыдэхэм щылажьэу уэрамым сызыхуэзахэм. Псори зэгъусэу бжыгъэкlэ цlыху 450 мэхъу. Анэдэлъхубзэ езыгъэджхэр цlыху тхущl хъурт, еджакlуэхэр-цlыху 300, lэнатlэ зэхуэмыдэхэм пэрытхэр-100.Таблицэу къэбгъэлъагъуэмэ, мыпхуэдэ теплъэ долъагъу:
Къыхэгъэщыпхъэщ мы упщlэхэр зэстахэр псори адыгэ унагъуэ къызэрихъуахэр, бзэмкlэ зэрыпсалъэхэр.Псори зэхэплъхьэрэ уеплъыжмэ, цlыху 450-м щыщу адыгэбзэр джын хуейуэ къэзылъытэхэр процент 84 мэхъу. Адрей процент l6-м адыгэбзэр джын хуэмейр халъагъуэ бзэм и гугъуагъым, ар хамэ щlыпlэхэм къызэрыщомыгъэсэбэпым, курыт еджапlэм бзэр зэрамыджам.Ауэ псом нэхъ сигу къеуар цlыхуитlщ щилlрэ тхущlым щыщу.Абыхэм си упщlэм и жэуапу къратар-«Адыгэбзэр фlыуэ слъагъуркъым, абы сыхуейкъым!»Бзэр умыщlэм къищынэмыщlауэ, абы ухуэмейуэ жыпlэныр ар дауэ?!
Адыгэбзэ! Макъыбэу зэрылъэлърэ, зэхэпха нэужькlэ гум ехуэбылlэ, жьым щигъэшэрыуэкlэ уэгум удэзыхьей, щlэм къыщигъэlукlэ узыгъэгуфlэ, Сосрыкъуэу нартыр уэркъэ зыгъэусэр!!!Сэтэней дахащэ уэркъэ-тlэ и фащэр!!! Мэлэчыпхъу и жьабзэр уэркъэ зыщlыр lуэрыlуэдз! Хамэ щlыпlэ ис лъэпкъэгъухэм уэркъэ нобэ епсэлъэфыр???!!!

Си анэбзэр уэрщ, си япэ псалъэр зейр уэращ, нобэми узи-бзэщ, уэ уздобзэрабзэ, лъэпкъым ури-набдзэщ, узи-адыгэбзэщ!!! Нэгъуэщlыбзэм укъытекlами, хуэм-хуэмурэ уи «lэпкълъэпкъыр» зэрыубыдами, псом уралейщ, си Адыгэбзэ!!!Укъыздалъхуащ, си джылъхэм щежэщ хъугъэпсым ухэшэпсыхьащ, Балъкъ псыхъуэ уэрэд куэдрэ къыщызжепlащ, хъыбарыжь мымащlи «сыхэбгъэпсэухьащ». Нобэми узиlэижьщ. Си гупсысэр уэпхащ. Си гугъапlэр уэращ!!! Си адыгэбзэ, си бзэ дахэ! Адыгэ лъэпкъым и гъусэ пэж!… Жьабзэу укъэlумэ-пшынэ дыкъуакъуэр lэпипщlым телъщ, тхыбзэу ущытмэ-гупсысэ инхэр уи псалъэхэм ящlэлъщ! Къуршыжьхэм епсэлъэфри уэркъэ, бгъащхъуэ ину уафэм щыхуарзэм илъагъу дахагъэ псори къезыгъэlуатэр уи бзэкъэ?! Тхакlуэ дунейм дыщыбогъэхьэщlэ, усакlуэм и гупсысэм и къулеягъэр наlуэ тщыбощl. Дыгъэм и бзийкlэ укъыттопсэ, бжьыхьэ дыщафэм тетхыхьыр уэркъэ, гъатхэ щlэращlэм и гъагъэр уи бзэкъэ. Жьы мащlэ къепщэм уэ дзапэ уэрэду удожьууф, псы цlыкlу къежэхыр гуэгуэным къабзэу ибогъэлъадэ, щlамахуэм уэс хужьыбзэу щlым укъытогъуалъхьэ, гуэдз щхьэмыж зэlущащэм я щэхур уэрэду уогъэlу.

Сыадыгэщ. Арагъэнущ адыгэбзэу си анэм и бзэр зджыну щlысфlэфlыр. Зджым имызакъуэу, ар езыгъэджхэми сащыщщ.Илъэсипщlым щlигъуауэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкlэ сыегъэджакlуэщ. Адыгэбзэр джыным, зэгъэщlэным ехьэлlа дэтхэнэ зы lуэхугъуэри згъэзащlэу лъэпкъым къихъуа ныбжьыщlэм ар фlыуэ егъэлъагъуным, гупсысэ иlэхэр и бзэкlэ къиlуатэу егъэсэным, бзэм и дахагъэ псори къигъэlурыщlэным гуащlэкlэ сыбгъэдэтщ. Къуажэ еджапlэм илъэсиплlыр щысхьащ. Адрей илъэсхэм къалэр си хэщlапlэ хъуащи, къалэдэс сабийхэр спэгъунэгъущ. Пэжщ, гугъущ адыгэбзэм и lуэхур къалэмкlэ. Гугъуагъыр куэдым епхащ:адэ-анэхэм, къэралым бзэм хуищl гулъытэр нэхъ мащlэ зэрыхъуам. Мымащlэу бжыгъэкlэ сарихьэлlащ зи быныр адыгэбзэ иригъэджэну хуэмей адэ-ани. Гъэщlэгъуэныр аращи, анэхэрщ апхуэдэ гупсысэ зиlэу еджапlэм нэхъыбэу къакlуэхэр. Ар жагъуэщ, сыту жыпlэмэ бзэр сабийм lурызылъхьэр анэрщ. Етlуанэу къэралым щекlуэкl зэхъуэкlыныгъэхэри адыгэбзэр джыным зэран хуэхъуу къысщохъу. Еджакlуэхэм я зэманыр нэхъыбэу хухах нэгъуэщlыбзэхэм. Ауэ зи бзэр зымыщlэ цlыхум нэгъуэщlыбзэми сыт хуэдэ гупсэ хуиlэн?!

Жагъуэ хъу lэхугъуэхэм ящыщщ адыгэ унагъуэм адыгэбзэм и фэр мытlэкlуу фагъуэу зэрыщыхъур. Сабийхэми балигъ куэдми я лексикэм адыгэбзэм щlыпlэ щрагъэгъуэтыну хуейкъым. Уи бын бзэмкlэ уремыпсалъэмэ, ар ебгъэджыныр гугъуу къыпщыхъумэ, дэнэ-тlэ къыздищlэнур абы адыгэбзэр?!

Республикэм къыщызэlуахауэ адыгэбзэр щрагъэдж курсхэри апхуэдэуи сэбэпышхуэ хъуркъым. Сыхьэт зыбжанэм бзэр зрагъэщlэфынукъым, ар зы. Етlуанэу сом бжыгъэ а курсхэр и уасэщи, абыикl цlыхухэр къызэтрегъэувыlэ. Бзэр сабийм ищlэну ухуеймэ, ар гущэм щыхэлъым щыщlэдзауэ уепсалъэу щытын хуейщ, дзапэ уэрэду бгъэпсу, гъэфlагъыбзэу бгъэбзэрабзэу. Апхуэдэм щlапlыкlа цlыхум и анэбзэр и джылъхэм хошэпсыхь, ар абы и гъащlэм дэщlыгъуу къогъуэгурыкlуэ.

Куэдрэ газетхэми сыщоджэ телевизоркlи къагъэлъагъуэ lэнатlэ ин пэрыт цlыхухэр адыгэбзэм тепсэлъыхьу, адыгэ цlыхум и бзэр ищlэн хуейуэ жаlэу. Сфlэгъэщlэгъуэныр арщи, куэдрэ срихьэлlащ апхуэдэхэр я унагъуэкlэ хамэбзэм щриуэркъыу, я сабийхэм псалъитl адыгэбзэкlэ жрамыlэу. Ар жагъуэкъэ?!

Пэжщ, гъащlэр и пlэ иткъым. Абы зыдедгъэкlуу дыпсэупхъэщ. Ауэ абы къикlыркъым уи анэбзэр lубгъэкlуэтын хуейуэ. Хамэбзэми щlыпlэ щет уи гъащlэм, ауэ адыгэбзэми утемыукlытыхьыж. Еджакlуэ куэдыр исщ дунейпсо бэджыхъыу интернет жыхуэтlэм. Гуп куэди адыгэбзэ фlэщыгъэцlэхэр яlэу къыщызэгъэпэща щыхъуащ абы. Гъэщlэгъуэныр аращи, апхуэдэ гупхэми я зэпсэлъэныгъэр урысыбзэщ, инджылыбзэщ. Дунейм къытехъуэ сабийхэми лъэпкъым фlищыр адыгэцlэкъым, Эминымрэ Амалиемрэ куэд хъуащ. Лъэпкъым езым и бзэкlэ фlища цlэм нэхъ дахэ щыlэкъым. Сыт и уасэ мы цlэхэм ящыщ зыкlэ къоджэну:Ахуэмыдэ, Барий, Гуащэlэфl, Гуащэней, Гуфо, Дахэуэс, Дыгъэгуащэ, Елэн, Жаным, Къандисэ, Мэзанэ, Нысэlэфl, Нэхудыгъэ, Абрэдж, Аний, Езар, Нартшу, Мамсыр…

Адыгэбзэр адыгэхэм ящlэн хуейщ! Нобэкlэ бзэм къытепсэ дыгъэ бзийхэр махэ хъуами, адыгэбзэм и лъабжьэр кlуэдакъым, адрей бзэхэми яхэшэпсыхьакъым. Дауэ кlуэдыну жьабзэу, хъуэхъубзэу, хъуэныбзэу, щlагъыбзэу, пшынэбзэу, бзуубзэу, усэбзэу нобэми бзэрабзэ адыгэбзэр?!

Махуэлl Беслъэн,
егъэджакlуэ

***

Телефоным и сэбэпымрэ и зэраным

Bu sayımızda yarışma birincisi olan L’ıkhugu Albina’nın yazısını yayınlıyoruz. Mart sayımızda diğer öğrencilerin yazılarıyla devam edeceğiz. Albina yazısında
telefon ve internetin hayatımızdaki rolünü değerlendiriyor

Телефоным зэраныгъэу къихьымрэ и сэбэпынагъымрэ нобэ цIыху куэд топсэлъыхь. Пэжщ, абы и сэбэп куэд къыдокI, Iуэху зэхэзэрыхьа куэд нэхъ псынщIэу зэфIегъэкI. Абы упещIэ гъунэгъуми жыжьэми. Абы къищынэмыщIа, ар икIи интернетщ. КъэтщIэну дызыхуей гуэр къытлъыкъуэкIамэ, хьэзырщ ди жэуапри. Ар фIы дыдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, телефоным и зэрани къыдокI. Зы илъэс фIэкIа мыхъуа сабийм деж къыщыщIэдзауэ, псоми телефоныр яIэщIэлъщ. Сабийм хуохъу ар зэрыджэгу хьэпшып, къэзыухъуреихь псори щигъэгъупщэу.

ЦIыхум и узыншагъэм теухуауэ телефоным зэраныгъэу къихьым медицинэм и лэжьакIуэхэр мыувыIэу топсэлъыхь. Псом хуэмыдэу ар зэран хуохъу сабийм и гъэсэныгъэм: бзэр IэщIыб ирегъэщI, зыхэпсэукI зэманым хегъэзэрыхь, таурыхъхэм щыпсэууэ къегъанэ. Ар хъунт гъэсэныгъэ гуэр къызыхэпхыфын таурыхътэмэ. Иджырей сабийхэм хьэуа къабзэм хэту джэгу нэхърэ нэхъ къащтэ, щхьэкъэIэт ямыIэу телефонкIэ джэгумэ.

«Зым и хущхъуэр адрейм и щхъухьщ»,- жиIащ пасэрейм. Апхуэдэщ телефонри. Зэпошачэ и сэбэпынагъымрэ и зэранымрэ. Сэ къызолъытэ ар губзыгъэу къэгъэсэбэпын хуейуэ. Абы щынэмыщIа, сэ сыхуейт псори къыхуезджэну щIэныгъэм и хэкIыпIэу тхылъыр къащтэжыну. Интернетым тхылъыр лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIауэ жыпIэ хъунущ. Ди адэ-анэхэм жаIэж библиотекэхэм цIыхухэр куэду щыпэкIуу щытауэ. Шэч хэмылъу, ар нэхъыфIт. Иджырей зэманым щIалэгъуалэр телефоным, интернетым дехьэхри, тхылъ еджэныр къафIэIуэхужкъым. Аращи, цIыху Iущхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Пэжщ, интернетым уи упщIэм и жэуапыр щыбгъуэтынущ, ауэ тхылъым ущылъыхъуэурэ, гугъу удехьурэ зэбгъэщIар уи гум къинэну къызолъытэ.
Телефоныр щыщымыIэм, цIыхум яку зэхущытыкIэ дахэ дэлъащ. Нэхъыбэрэ зэкIэлъыкIуэрт, зэхуэзэрт, зэгъунэгъухэм хъыбархэр зэжраIэжу пщыхьэщхьэхэр ягъакIуэрт, фIыуэ зэрылъагъухэрт. «Иджы зэкIэлъыкIуи щыIэжкъым»,- жиIэурэ, си анэшхуэр мэхъущIэ. Сэ сыщIохъуэпс апхуэдэ зэхущытыкIэм. Иджыпсту псори телефонкIэ зэфIагъэкI.

Нанэ зэрыжиIащи, щхьэхынагъэмрэ телефонымрэ зытедмыгъакIуэу, дызэкIэлъыкIуэу дывгъэпсэу.

Апхуэдизрэ тIыгъ телефоныр ди узыншагъэми йотхьэкъу. Нэр, тхьэкIумэр зэIегъэхьэ.
«Iейм Iей къешэ, фIым фIы къешэ»,- жаIэ. Телефоныр Iейми фIыми хуэлажьэу щыщыткIэ, Iейр IэщIыб дывгъэщIи, фIыр тедвгъэгъакIуэ.

Тхыгъэ – зэпеуэм япэ увыпlэр къыщызыхьа еджакIуэр: Къугъуэлъкъуей курыт еджапIэ 2-нэм и, 9-нэ классым щеджэ, ЛIыхъугу Альбинэ Анзор ипхъу
ЕгъэджакIуэр: Мэрзей Зое Жантемыр ипхъу

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz