Ныбжьэгъугъэ
Yarışmada ikinciliği alan Foçış’e Dayana (orta öğretim 9. sınıf) yazısında arkadaşlığın ve dostluğun önemini anlatıyor
Ныбжьэгъу… Сыту мыхьэнэшхуэ хэлъ мы псалъэм. Сыт щыгъуи ныбжьэгъугъэр цIыхум игъэлъапIэу, иIэту щытащ. Ижь – ижьыж лъандэрэ ныбжьэгъуфI уиIэныр гуфIэгъуэшхуэу, ехъулIэныгъэу щытащ. НыбжьэгъуфI уиIэмэ – укъулейщ, жаIэ ди нэхъыжьхэм. Ахэр абыкIэ захуэщ.
Пэж дыдэщ, уэ укъызыгурыIуэн, къыбдэIэпыкъун, узэхэзыщIыкIын, уи гур зыгъэгушхуэн цIыху къыббгъурыту уи гъащIэ гъуэгум урикIуэныр ехъулIэныгъэ дыдэщ. Дэ дыпсэун хуейщ ди Iэхэр зэрыIыгъыу, дызэдэIэпыкъуу.
Сэ си пащхьэм илъщ гупсысэшхуэ къэзыIуатэ сурэт. Мыбы сэ щызолъагъу я Iэхэр зэрыубыдауэ, зэкъуэту, зэрыгъэпэжу зэныбжьэгъу гуп. Сыту си гур хэхъуэрэ мы сурэтым сыщеплъкIэ! Согупсысэ сэ:«Сыту сынасыпыфIэ сэ! СиIэщ унагъуэ дахэ, ныбжьэгъу пэжхэр». Соплъ сурэтым. Си фIэщ мэхъу мыбы щытлъагъу зэныбжьэгъухэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къыхэкIауэ. Лъэпкъхэр фIыуэ зэрылъагъумэ, мамыру зэдэпсэумэ, зэкъуэтмэ – насыпышхуэщ.
Сэ сигу къинащ Бемырзэ Мухьэдин итха «Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» усэ купщIафIэр. СызэрыцIыкIу лъандэрэ ди нанэ къысхуоджэ а усэм. Уи гур къабзэу, ныбжьэгъугъэр бгъэлъапIэу, мамырыгъэм ухущIэкъуу упсэуным укъыхуреджэ мы усэм. Гущабэ зиIэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыху ныбжьэгъу пхуэхъумэ, уехъулIащ. «Узигъусэр къызжеIи, ухэтми бжесIэнщ»,-жеIэ адыгэ псалъэжьым. АбыкIэ зыми упэрыуэфынукъым. Нэхъыжьхэм куэдрэ жаIэу зэхызох: «Зэш псори зы анэ къилъхуркъым». Инщ абы и мыхьэнэр. Зы лъэпкъ ущымыщми, узэныбжьэгъуныр, узэрыгъэпэжыныр куэд и уасэщ. Уи къуэш, уи шыпхъу хуэдэ хъун ныбжьэгъу къэбгъуэтыныр гугъущ, ауэ, уи насып кърихьэкIрэ, апхуэдэ цIыху уи гъащIэм къыхыхьамэ – укъулейщ, унасыпыфIэщ.
Сигу къокIыж ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр. Мыбы къыхэщ лъагъуныгъэ къабзэм гъуэгу игъуэтакъым, къэзыухъуреихь цIыхухэр гущIэгъуншэти. Пэжщ, ныбжьэгъуIи хуашиящ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори хэкIуэдащ.
Сыхуейт сыт щыгъуи цIыхухэр фIыуэ дызэрылъагъуну, ди ныбжьэгъухэр нэхъыбэ хъууэ, ди хабзэр, нэмысыр тIыгъыжу дыпсэуну. Ныбжьэгъугъэрщ Iуэху дахэм и къежьапIэр.
Тхыгъэ – зэпеуэм етlуанэ увыпlэр къыщызыхьа еджакIуэр:
Арыкъ курыт еджапIэм и 9-нэ классым и еджакIуэ
ФочыщIэ Даянэ Адэм ипхъу
ЕгъэджакIуэр:
Дэжыг Асият Леонид ипхъу
***
Темэр: Дунейр зыгъэунэхъуа Iуэхугъуэр, абы и Iэмалыр
Kompozisyon yarışmasında üçüncülüğü kazanan Şomakhue Emine (orta öğretim 9. sınıf) telefon ile internetin iyi ve kötü yanlarını sorguluyor
Дэнэ къэрали цIыхухэм къыщагъэсэбэп телефоныр. Абы дунейр зэIищIащ. Уегупсысмэ, сыт абы Iей къишэу къыщIэтлъытэр?
Си пащхьэ илъщ сурэт. ЦIыхум и Iэм телефоныр IэщIэлъщ. Жыгым и лъэхъцым хуэдэу телефоным лъабжьэ къыхокI, цIыхум и Iэр иубыдауэ. Адрей сурэтхэм елъытауэ, мыбы и мыхьэнэр метафорэ хуэдэу къещтэ.
Телефоным хуэгъэзэщIэнукъым апхуэдэ Iуэху. ЦIыхурщ псори зэлъытар. Пасэм щыIакъым телефон. Псори зэкIэлъыкIуэрт, зэхуэзэрт. Иджы сыт къэхъуар? УкIэлъыплъмэ, цIыхунагъри яфIэкIуэдаи хуэдэкъым. Ауэ зы пэшым щIэсу адрей пэшым щIэмыхьэу зэпсалъэ цIыхухэм къахокI. Ар дауэ? Сыт хуэдэ IэмалкIэ? ТелефонкIэщ. Интернетыр къызэрежьэрэ хамэ къэрал щыпсэухэри тыншу зэдгъэцIыху хъуащ, ди упщIэхэм я жэуапхэри къыщыдогъуэт интернетым. Ауэ абы и зэранкIэ Iуэхугъуэ Iей Iэджэ къохъу. Псалъэм папщIэ, цIыху зэрымыцIыхухэр зэхуотхэ, лэжьыгъэ гуэрхэр зэдагъэзэщIэну зэгуроIуэ. Зым адрейм гъэпцIагъэкIэ ахъшэ къреIых. Зыхуэтхам зыри къимылэжьауэ икIи ахъшэ фIэкIуэдауэ къонэ.
НэгъуэщIу къапщтэмэ, телефоныр куэдкIи сэбэп хъу Iэмэпсымэщ. ЦIыху куэдым абыкIэ я бизнесым зрагъужь. Телефоным и фIыгъэкIэ дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр къыдощIэ. Абы сэбэпу къихьым цIыхухэр ирикъукъым, аргуэру щIэщыгъуэ гуэр къагупсыс.
СфIэфIщ библиотекэм сыкIуэн. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы тхылъ щеджэхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Усэ, рассказ еджэн хуей хъумэ, интернеткIэ къагъуэтурэ йоджэ.
ПэщIэдзэ классым къыщыщIэдзауэ псоми яIыгъщ телефоныр. Куэдрэ лэжьыгъэхэм емыгупсысын щхьэкIэ, жэуапхэр интернетым къратхыкI.
Сыхуейт интернетыр губзыгъэу псоми къэдгъэсэбэпыфу зедгъэсэну.
Тхыгъэ – зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа еджакIуэр:
Зеикъуэ курыт еджапIэм 1-нэм и 9-нэ классым и еджакIуэ
Щомахуэ Iэминэ Заур ипхъу
ЕгъэджакIуэр: Зеикъуэ курыт еджапIэ 1-м
адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ
ШыкIэбахъуэ Мадинэ Хьэмел ипхъу
***
Сыт хуэдэ цIыхум уеджэфыну а псалъэмкIэ?!
Kompozisyon yarışmasında üçüncülüğü paylaşan Ğucakue Milena (orta öğretim 9.sınıf) dünyanın arkadaşlık ve dostlukla güzel olacağını anlatıyor
Ныбжьэгъугъэ… Тету пIэрэ зы цIыху мы дунейм а псалъэр зэхимыхауэ. Хьэуэ, тетын хуейкъым. Дэтхэнэ цIыхуми иIэн хуейщ ныбжьэгъу. Сыт хуэдэ цIыхум уеджэфыну а псалъэмкIэ.?! Зэман куэдкIэ пцIыхуами, шхын куэд дэпшхами, ар ныбжьэгъуу къыщIэмыкIынкIэ мэхъу. ГуфIэгъуэри гузэвэгъуэри къыбдэзыгуэшыр ныбжьэгъурщ.
Си пащхьэ илъ сурэтым щызолъагъу Iэ зыбжанэ зэрыIыгъыу. Си фIэщ мэхъу ахэр сабииIэу. ЕджакIуэ цIыкIухэм я Iэр зэрыIыгъмэ, ахэр фIыуэ зэролъагъу, зи гум хуабагъ илъым ейщ дуней псор. Яхэслъхьарэт мыбыхэм я Iэ цIыкIухэм сэ си Iэри. ЗыхызощIэ псэкIэ абыхэм яку дэлъ лъагъуныгъэм и хуабагъэр. ЕджапIэм щIэту, псалъэмакъ дахэ гуэр ирагъэкIуэкIыу, зыр адрейм пеуэу здэщытым, уэзджынэр къеуа хуэдэщ. Псори зэбгрыжыжын и пэ къихуэу, а цIыкIухэм зэжраIэ хуэдэщ: «Сыт къэмыхъуми, зыщывмыгъэгъупщэ ныбжьэгъугъэр япэ зэритыр. Ноби, пщэдеи, дуней дахэм дытетыхуи, дызэкъуэтщ игъащIэкIэ!»
Уи гур хегъахъуэ мы псалъэхэм. Сабиигъуэм къыщожьэ цIыхум и хьэл – щэн псори, нэхъыбэм ныбжьэгъу щызэрагъэгъуэтри а зэман дахэрщ.
Хэт атIэ сызэджэнур сэ ныбжьэгъукIэ?! А цIыхур, сыт къэмыхъуми, къыскъуэтыну, дэнэ сыщымыIэми, си цIэр фIыкIэ къриIуэну, пэжу къысхущытыну, мылъкукIэ е хьэпшыпкIэ си щэхур имыщэну, гъащIэр си гупэкIи си щIыбкIи щыгъэза дакъикъэхэм сыхыфIимыдзэну, Iэмал сымыгъуэтыжу си щхьэр ехьэхын хуей хъумэ, къыскъуэтыну, и щхьэ срилъытыфыну, щIакхъуэ Iыхьэ фIэкIа и унэ щIэмылъми, щымысхьу къыздигуэшыфыну, дэнэкIэ зигъазэми, сыхуейщ и гум силъыну. Апхуэдэщ сэ ныбжьэгъукIэ сызэджэнур.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым къатокIуэ фыгъуэр. Абы икIагъэм ухуешэ. Лей цIыхум ехыныр зыуи къащыхъукъым. Насыпышхуэщ абыхэм пэIэщIэу упсэуныр. Дуней щIэращIэм утетын хуейщ уи гур утIыпщауэ, нобэ фIы пщIам ущыгуфIыкIыу, нэгъуэщIым и гуфIэгъуэр дэпIэту, напэ хужькIэ псоми уабгъэдэту упсэун хуейщ.
Дызэрывгъэубыд псори мы сабий цIыкIухэм хуэдэу, дыщывгъэгуфIыкI дыгъэ къепсым, уафэ къащхъуэм, щIылъэ щхъуантIэм, дыхуэвгъэхъу нэхъыщIэм чэнджэщэгъу, едвгъэгъэкI нэхъыжьым ди сэбэп.
БлэкIынущ махуэ, тхьэмахуэ, мазэ, илъэс, ауэ ныбжьэгъу хуэмей цIыху къытехъуэнукъым дунейм. Дэ ди IэмыщIэ илъщ псори: купщIэ иIэу гъащIэ къэдгъэщIэнуми, мыхьэнэншэу дыкIуэдыжынуми. Дывмыгъэхъу лъэужьыншэ. Ныбжьэгъугъэ, гущIэгъу… Абыхэм дыхуашэнущ зэгурыIуэныгъэм.
Тхыгъэ – зэпеуэм ещанэ увыпlэр къыщызыхьа еджакIуэр:
Урожайнэ курыт еджапIэм
9-нэ классым щеджэ
ГъукIакъуэ Миланэ Артур ипхъу
ЕгъэджакIуэр: Хьэгъур Светланэ
***
«Ди Иннэ» (Усакlуэ Къэшэж Иннэ теухуа псалъэ)
Lıh Ludmila şair ve yazar Kaşej İnna’nın 75. yaşı dolayısıyla Karmehable’de açılan büst hakkında yazdı
Мазаем (февралым) и 12-м ди усакlуэ цlэрыlуэ, къэрал премием и лауреат Къэшэж Иннэ Инал и пхъур къызэралъхурэ илъэс 75-рэ хъуащ. Абы ирихьэлlэу Къэрмэхьэблэ дэт Къамбий Мухьэб и цlэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапlэм и музей блыным кlэралъхьащ мывэ пхъэбгъу, «Къэшэж Иннэ и фэеплъ плlанэпэ» жиlэу тету, и сурэти хэту. Фэеплъым и къызэlухыныгъэри, абы и ужь иту екlуэкlа зэlущlэри дахэу, гум дыхьэу екlуэкlащ.
Икъукlэ lуэху щхьэпэщ, ди щlэблэм губзыгъагъэрэ гъэсэныгъэрэ къызыхахынщ. Уи лъэпкъым щыщ цlыху цlэрыlуэхэр уэ умыгъэлъапlэжмэ, хэт пхуэзыгъэлъапlэнур?
Къэшэж Иннэ и тхыгъэхэр лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэшхуэу зэрыщытыр, езыр цlыху къызэрыгуэкlыу, цlыху гуапэу, псэм дыхьэу зэрыщытам теухуауэ куэд дыдэ жаlащ а махуэм.
Къэрмэхьэблэдэсхэм, Къэшэж лъэпкъым, ди еджапlэм и егъэджакlуэхэмрэ еджакlуэхэмрэ къабгъэдэкlыу сыхуейт фlыщlэ лей яхуэсщlыну Къэшэж Иннэ и фэеплъыр зи жэрдэм КъБР-м и общественнэ палатэм хэт Котляровэ Марие А., фэеплъыр тхуезыгъэщlа Дзэлыкъуэ куейм и lэтащхьэ Джатэ Руслъан Хьэшим и къуэм, Иннэ теухуа пшыхьыр тхуэзыгъэдэха Жьакlэмыхъу Кlунэ, Гусейнов Олег, Котовскэ Ася, Беппаев М.А., Мафlэдз М., гъуазджэмкlэ сабий еджапlэм къикlыу къытхуэкlуахэм.
А махуэм псалъэ дахэу Иннэ хужаlам сэри си гукъэкlыж куэд къигъэушыжащ…
эм «Иннэ» къудейкlэ еджэу. Атlэ «ди Иннэ» е «ди Иннэцlыкlу»…
Щыцlыкlуами, балигъ щыхъуами, илъэ 75-рэ щрикъуами ар ди дежкlэ къэнэжащ «ди Иннэцlыкlуу»…
Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ Иннэ сцlыхуакъым икlи сыхуэзакъым. Ауэ, иджыри сыцlыкlуу, сригушхуэн щlэздзащ сэ лъэпкъым тщыщ усакlуэ зэчиифlэ дызэриlэм. Сощlэж, Къэшэж Юрэ Зэурбэч и къуэр (Иннэрэ абырэ зэкъуэшитlым я бынт) си адэ Хьэжысмел деж нэкlуауэ, сфlэхьэлэмэту седэlуат Иннэ теухуа хъыбархэм. И хэщlапlэр къысхуихьынуи селъэlуат. Хуабжьу сыхуейт письмо хуэстхыну, сэ «суцlырхъа» усэхэри хуезгъэхьу къызэрыщыхъур къэсщlэну. Ауэ… сытегушхуэжатэкъым. Сэри си усэхэр «уцlырхъыным» адэкlэ кlуакъым…
Къуажэкум тхылъ щащэ тыкуэн иlащ. Сфlэфlт абы сыкlуэну. Зэгуэрым Иннэ и тхылъ цlыкlу къашауэ срихьэлlат, «Кебляга» жиlэу тету. Сыгуфlащэри ахъшэу сlыгъым къыщlэкl къэсщэхуат. Нобэми сиlэжщ а тхылъхэм щыщ зы…
2003 гъэм «Къэшэжхэ я лъэпкъым теухуауэ» жиlэу щlэныгъэхутэ лэжьыгъэ делэжьырт. Лэжьыгъэм республикэм япэ увыпlэр къыщихьауэ си еджакlуэр Мэзкуу кlуэну згъэхьэзырырт. Щlэныгъэ-къэхутэныгъэ институтым и лэжьакlуэ Махъсидэ Анатолэ сигу къигъэкlащ: «Къэшэж Исмел деж щхьэ умыкlуэрэ? Абы Къэшэж лъэпкъым теухуауэ lэджи зэхуихьэсащ, уи лэжьыгъэм къыщыпщхьэпэн гуэрхэр, шэч хэмылъу, абы деж щыбгъуэтынущ». Анэтолэ седаlуэри Исмел деж сыкlуащ. Сэ ар си дэлъху пэтми, гъунэгъуу сцlыхуртэкъым. И сэбэпыныгъэ куэд къызэкlащ сэ абы щыгъуэ Исмел, ауэ абы къызжиlэжхэм щыщу псом нэхъ нэхъ сфlэхьэлэмэтыр Иннэ теухуа хъыбархэрт. (Иннэрэ Исмелрэ я адэшхуэхэр зэкъуэшт). Усакlуэм къыхуитха письмохэр зэрихьэрт Исмел. (Зэрызэlыхьлым къыщинэмыщlауэ, а тlум я кум зэныбжьэгъуныгъэ гуапэ дэлъащ). Ахэр хэт машинкэкlэ, хэти lэкlэ тхат; усэбзэкlэ тха письмохэри хэтт. Ауэ ахэм псоми зэщхьу зы хэлът: Къэшэж лъэпкъыр, адыгэмэ зыщыуа псори Иннэ фlыуэ зэрилъагъур, и lэпкълъэпкъыр Мэзкууу щыlэми, и псэр сыт щыгъуи мыбыкlэ къызэреlэр, езым гу къабзэ-псэ къабзэ зэриlэр къыхэбджыкlырт.
Исмел къызжиlэжахэм щыщ гуэрхэр ноби сощlэж.
«Иннэ егъэлеяуэ гурыхуэт. Иджыри еджапlэм щlэсу дихьэхат тхыдэм, литературэм, философием.
Фlы дыдэу еджат, дыщэ медалкlи къиухат. Школыр къыщиухым абы усэбзэкlэ итха сочиненэр Мэзкуу къалэм сочиненэ (тхыхъэ) нэхъыфlдыдэхэр иту къыдагъэкlа тхылъым ихуат.
Схуэухыртэкъым абы и лэжьэкlэр. Зы жэщ-зы махуэм сыхьэт пщыкlуийкlэ лэжьэфырт!
Зэгуэрым ди къуажэгъу усакlуэ Нэгумэ Умар и усэ тхылъ хуэсшат, урысыбзэкlэ зэридзэкlыну. Зэманыр къызэмэщlэкlырти, тlэкlу еужьэрэкlыну селъэlуат. Ауэ си гугъакъым зы тхьэмахуэ закъуэм и кlуэцlкlэ а лэжьыгъэр зэфlигъэкlыну!»
Исмел зэрыжиlэжымкlэ, и лэжьыгъэм теухуауэ ар ди къэралым и къалэ lэджэм къыщыщlидзырт. Гъэщlэгъуэнт – Иннэ дэни къыщацlыхурт. И унэцlэр къызэращlэу, ар билет кассэ е хьэщlэщ хъунт – гуфlэжу къыпежьэхэрт, чэзум хэмыту и lуэху къызэфlагъэкlырт Иннэ и хьэтыркlэ…
Усакlуэ lэзэу, цlыху нэху цlыкlуу дигу къинащ Иннэ.
«Ди Иннэцlыкlу»…
Лыхь (Къэшэж) Людмилэ, Къэрмэхьэблэ дэт
Къамбий Мухьэб и цlэр зезыхьэ
1-нэ курыт еджапlэм и егъэджакlуэ