Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къуажэ ФАП-хэм я лэжьыгъэр

Коронавирус уз зэрыцIалэм, дуней псор хьэлэбэлыкъ иным хэзыдза пандемием илъэсым зэрынэхьэсауэ жылагъуэм и гъащIэр зэрихъуэжар нэрылъагъущ. А зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуатэу, ипэкIи тыншу щымыта я лэжьыгъэ гугъур жэщ-махуэ жыхуаIэм хуэдэу зэпымыууэ къызэрагъэпэщ къуажэхэм, жылагъуэхэм дэт ФАП-хэм. Пэжщ, ипэкIэ хуэмыдэу, нобэкIэ мы медицинэ IуэхущIапIэхэр нэщIщ. Абы уекIуэлIакIэ щыбгъуэтынур дохутыр, медсестра IэщIагъэрылажьэхэращ, пандемием пэщIэт къулыкъухэращ.
Пандемием и лъэхъэнэм ФАП-хэм я лэжьыгъэм къыхилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм, амбулаторэм и лэжьакIуэхэр абыхэм зэрапыкъуэкIым, къуажэдэсхэм зэрадэлажьэм, уз зэрыцIалэм земыгъэубгъуным зэрыпэщIэтым, хущхъуэкIэ къызэрызэгъэпэщам, нэгъуэщI упщIэ куэдми я жэуап кърет адыгэ къуажэхэм я нэхъ инхэм ящыщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) дэт амбулаторэм и унафэщI Дэбагъуэ (Жу) Фатимэ.

Фыщыдгъэгъуэзэнщи, щIэныгъэ нэс бгъэдэлъу Жу Фатимэ Хьэбэз къуажэм дэт лицейр къиуха нэужь, Налшык къалэм дэт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. Стоматолог IэщIагъэр иIэу, интернатурэр Черкесск къалэм щрихьэкIащ. И гуащIэдэкI гъуэгуанэри республикэ къалащхьэм щригъэжьащ. 2012 гъэм щыщIэдзауэ, «Земский врач» проектым и фIыщIэкIэ, зыщалъхуа къуажэм къигъэзэжри, ноби Хьэгъундыкъуей дэт амбулаторэм и унафэщI IэнатIэм пэрытщ.

-Фатимэ, нобэ жылагъуэр зыгъэгузавэ Iуэхугъуэу къуажэм дэлъыр пандемием пэщIэтын Iуэхуращ жытIэмэ, дыщыуэну пIэрэ?
-Дауи, ар хьэкъщ, зэрыщыт дыдэри аращ. Нобэ медицинэм и лэжьакIуэхэми, къуажэдэсхэми ди къарур, ди щIэныгъэр зыхуэдунэтIыр коронавирус уз зэрыцIалэм земыгъэубгъунращ. Пэжщ, пандемиер къыщежьам щыгъуэ нобэ абы дызэрыпэщIэтыным дызэрыхуэхьэзырым хуэдэу щытыкIэр псынщIэтэкъым. Гугъу дехьащ ди лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ хъуныр, зэрызэкIэлъыдгъэкIуэныр къыдгурымыIуащэу…

Гъэмахуэм узыфэр зыпкъырытхэр нэхъ мащIэ хъури, ди лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэри къэтпщытэжыну лъэкIыныгъэ диIащ, дызэрыбгъэдыхьэн хуей Iэмалхэми нэхъ куууэ дегупсысащ. ИкIи, мис, бжьыхьэм узыфэм и «етIуанэ волна» -р щыщIидзэжым, абы куэдкIэ нэхъ дыхуэхьэзыру, Iэмалхэр убзыхуауэ декIуэлIащ.

-Амбулатор и лэжьакIуэм, медицинэ къулыкъум епхам и къалэн нэхъыщхьэу нобэ сыт къыхуэувыр?
-Ди къалэн нэхъыщхьэр -профилактикэ лэжьыгъэр нэгъэсауэ къызэдгъэпэщынращ. ЦIыхур сымаджэ зэрымыхъуным дытолажьэ. Псалъэм папщIэ, коронавирусым и «первая волна»-р щыщыIам, тхылъ цIыкIухэр дгъэхьэзырри, къуажэр унагъуэрыкIыу къызэхэткIухьурэ, ахэр цIыхухэм яIэрыдгъэхьащ. Абдеж къыщеттхэкIащ цIыхум и Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм коронавирусыр къыхыхьа нэужь, зэрызихъуэжынкIэ хъунур, япэ щIыкIэ ищIэн хуейр, зэкIуэлIэнур. Мис, ноби а тхылъ цIыкIухэр дэIэпыкъуэгъу къахуохъу, абы иттха ди телефонхэмкIэ къуажэдэсхэм зыкъытпащIэ, къыдочэнджэщ. Пандемием пэщIэтынымкIэ, абы земыгъэубгъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ медицинэм и лэжьакIуэхэмрэ цIыхухэмрэ зэпыщIэныгъэ быдэ яку дэлъыным.

-ЗэрыхъумкIэ, пандемием и «етIуанэ волна»-м Iуэху зэхэщIыкI (опыт) гуэр зэвгъэгъуэтагъэххэу фекIуэлIащ. Абы папщIэ, дыщыбгъэгъуазэмэ хъунт фи лэжьыгъэм иджыпстукIэ къыщывгъэсэбэп Iэмалхэм, бгъэдыхьэкIэщIэхэм?
-Уз зэрыцIалэм пэщIэт бригадэ къызэдгъэпэщащ. Ар Iэмал зимыIэт. Пщэдджыжьым амбулаторэм и лэжьыгъэр едмыгъажьэ щIыкIэ, медсестра Токъубай Фатимэ, зэрыхуэфэщэну ковид-щыгъынхэр, Iэмэпсымэхэр зыдиIыгъыу, идогъажьэ. Абы IэщIэлъщ зи тест ковид зыпкъырыту къигъэлъэгъуахэм я цIэ-унэцIэхэр. Ахэр унагъуэрыкIыу къызэхекIухь, я плъыр-жьэрагъым йоплъ, сатурацэр, я щытыкIэр нэгъэсауэ къепщытэ, ахэр зэуэ и тхылъым иретхэри, амбулаторэм къегъэзэж. А гъэлъэгъуэныгъэхэр дохутырым и пащхьэ ирелъхьэ. Къапщтэмэ, мы узыфэм пэщIэтхэр зэхэту, я чэнджэщ зэхалъхьэкIэрэ, узыр къэзыубыда къэскIэ зэреIэзэну щIыкIэр яубзыху.

АдреймкIэ, дохутырым егъэбелджылы бригадэр зэкIуэлIэн хуей унагъуэр, абдеж щызэфIахыну Iуэхухэр. Езы дыдэр екIуалIэу сымаджэм и щытыкIэр зэхигъэкIа нэужь, телефонкIэ къыщыпсалъэ щыIэщ «мыпхуэдэ цIыхум КТ едгъэщIын хуейуэ солъытэ» жиIэу.

Ковид сымаджэхэр къезышэкI бригадэхэр район сымаджэщым щыгъэбелджылауэ щыIэщи, абыхэм хъыбар яIэрыдогъэхьэ. Бригадэр къынос, цIыху сымаджэр транспортым ирагъэгъуалъхьэри, КТ ящI. ЖыпIэнурамэ, дохутырым и списокым ит адрей цIыхухэр щIиплъыкIыхункIэ, узыфэр хьэлъэу зыпкъырыт хуэдэу къилъытам и щIэплъыкIыныгъэ Iуэхухэр бригадэм зэфIагъэкI. Щхьэусыгъуэ гуэрым къыхэкIыу а лэжьыгъэр ди районым щамыщIыфмэ, ЗеленчуккIэ е Черкесск къалэм яшэ.
Гу зылъытапхъэщи, а Iуэхухэр зэтеувыIэ имыIэу, «оперативнэу» жыхуаIэм хуэдэу, псынщIэ дыдэу къызыдогъэпэщ. Уеблэмэ шэджагъуэ нэужьым КТ-м и гъэлъэгъуэныгъэр къытIэрохьэж. Абы еплъа нэужь, дохутырым унафэ къехь сымаджэ хъуам ирихьэлIэну хущхъуэхэмкIэ, зэригъэхъужыну IэмалхэмкIэ.

Ковид сымаджэщым цIыхур гъэгъуэлъынымкIэ унафэр къызыбгъэдэкIыр дохутыр нэхъыщхьэхэращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ар узыншагъэр хъумэнымкIэ Министерствэм и унафэщ.

-Фатимэ, махуэм и кIыхьагъкIэ цIыхухэм зэпымыууэ зыкъызэрыфпащIэр, фазэрадэIэпыкъур гурыIуэгъуэщ. Ауэ, жэщым зи Iуэху къызэIыхьа цIыхур хэт зэжалIэр? Абыхэм дауэрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэр, медицинэм и лэжьакIуэр ялъэIэсрэ?
-Зэрыщыт дыдэм хуэдэу жысIэнщи, пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 7-8 нэгъунэ телефонкIэ къэпсалъэхэм дащыпыщIа щыIэщ. Псалъэм папщIэ, Iейуэ гузэвэгъуэ дыщыхэтам, жэпуэгъуэ (октябрь) -щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэхэм пщыхьэщхьэр фIыуэ хэкIуэтауэт амбулаторэм и лэжьакIуэхэр дыщызэбгрыкIыжыр. АтIэ, къекIэпсэуам деж ущыхуэкIуэкIэ ущIэлъадэу укъыщIэжыжкъым. Нэгъэсауэ Iуэхур зыIутыр зыбогъэлъагъу, сымаджэм хущхъуэр ибохьэлIэ, плъыр-жьэру щытмэ, хущхъуэ хэплъхьам сэбэп къихьыху упоплъэ. А псоми къадэкIуэу, узыр зыпкъырытым и унагъуэм щIэсхэм дохутырыр йопсалъэ, я щытыкIэр зэхегъэкIри, хущхъуэ къахущIетхыкI…

-Нобэ мы IуэхущIапIэм дыкъыздыдыхьэм сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэузэда, ковид узыфэм пэщIэт гупыр лэжьыгъэ IуэхукIэ ежьауэ дакъыIущIащ…
-Ар пэжщ. Зэрызахуэпэн хуей щыгъынхэри Iэмэпсымэхэри яIэщIэлъу, хущхъуэу зыхуэныкъуэнур зыдаIыгъыу нобэ унагъуихым екIуэлIэн хуейуэ пщэрылъ яIэщ. Жэщым «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ»-р Хьэбэз къикIыурэ къуажэм мызэ-мытIэу къраджащ. Гу зылъытапхъэщи, дэ лэжьэн духа нэужь, къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым сыхьэтыр 9-м и ныкъуэм нэсыхункIэ, зи узыншагъэкIэ гузэвэгъуэ ихуам «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ»-р къыздыхуикIыр Хьэбэз район купсэ сымаджэщращ. Апхуэдэу, жэщым цIыху сымаджэр зи нэIэм щIэта медицинэм и лэжьакIуэм зэплъам зыгуэр игу иримыхьамэ, си деж пщэдджыжьым къопсалъэри, Iуэхур зытетым сыщагъэгъуазэ, сымаджэм ирахьэлIар къыджаIэ.

Гуп ежьар япэ щIыкIэ зэкIуалIэр плъыр-жьэр зимыIэм дежщ. Арами, абы и дежи зэрекIуалIэр ковид щыгъынхэмкIэ узэдауэщ. Иужьым, плъыр-жьэр зиIэхэм я деж макIуэ.

Коронавирус узыфэр зыпкъырыт закъуэхэракъым ди медицинэ IэщIагъэрылажьэхэр зыкIэлъыплъыр. АтIэ, цIыхум и давленэр дэкIуеямэ, и хущхъуэхэм йоплъ, къыщхьэмыпэмэ (е зэран къыхуэхъумэ) хузэрахъуэкI, анализ итым хуейуэ щытмэ, хуагъэув. ХущхъуэкIэ, япэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрызэрагъэпэщынымкIэ къулыкъур зэтегъэпсыхьащ.

АдреймкIэ, узыфэр псынщIагъ хэлъу е ику ит хьэлъагъ иIэу зыпкъырытхэм УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэм игъэбелджыла IэзэкIэ схемэмкIэ, и чэнджэщхэмкIэ доIэзэ, мы хущхъуэхэр (къетхэкIар дегъэлъагъу) ядохьэлIэ.
ХущхъуэкIи, СИЗ-кIи, япэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрызэдгъэпэщыну псомкIи дыкъызэгъэпэщащ.

Къыхэзгъэщынщи, къинэмыщIауэ, ди къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан и дэIэпыкъуныгъэ ин хэлъу, зэхуэмыщIауэ псэу унагъуэм хущхъуэкIэ защIэдгъэкъуэфащ. Дэ тхузэфIэкIари, къуажэм и унафэщIым къыбгъэдэкIари унагъуэм ятхьэлIащ. ГъащIэр гугъу хъуащи, сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэри гуапэщ.

-Дауи, узыфэр зыпкъырыт псори медицинэ IуэхущIапIэ емыкIуалIэ хуэдэу къытщохъу. Куэдым яущэхуу къаупсэлъ…
-Апхуэдэ къэхъугъэхэри мащIэкъым. Къуажэм щыпсэууэ уз зэрыцIалэр къэзыубыдахэм я бжыгъэм зэ щхьэкIэ хэхъуэн щIидзэри, иджы къызэтеувыIэжащ. Зы мазэ гуэркIэ узэIэбэкIыжмэ, махуэм телефоным къэпсалъэт плъыр-жьэр зиIэ цIыху 18-19-м нэс, ныбжькIи зэхуэмыдэу. Ауэ, зэрынэрылъагъущи, щIалэгъуалэм мы узыфэр куэдкIэ нэхъ тыншу ящхьэщокI ныбжь, узыфэ хьэлъэ гъэтIылъа зиIэхэм, лышхуэ зытелъхэм яхуэмыдэу. КъинэмыщIауэ, мэ къызыщIимыхьэм, ерыскъым и IэфIагъ зыхэзымыщIэм узыфэр зыхимыщIэу, тыншу щхьэщокI.

-Дауи, «самозоляция» жаIэу ягъэтIысахэри фиIэщ…
-АтIэ, диIэщ «самоизоляция» щытыкIэм итхэри. Унагъуэм зым и анализыр, тестыр положительнэу къэкIуэжамэ, ар щедгъэхьым деж, «контактное лицо» жытIэу, унагъуэм щIэсхэр карантин дощI, махуипщIкIи больничнэ къахузэIудох. АтIэ, махуипщIым къриубыдэу гурыIуэгъуэ мэхъу цIыхум уз зэрыцIалэр къиубыдамэ. А пIалъэм унагъуэм щIэсыр ди нэIэм щIэтщ. ДокIуалIэ, я плъыр-жьэрагъым доплъ, цIыхум и щытыкIэр зыдогъэлъагъу, зэхъуэкIыныгъэ щыIэмэ, щIатхэ. А псори дохутырым и пащхьэ иралъхьэ.

НэгъуэщI Iуэхугъуи и гугъу щIыпхъэщ. Куэдрэ къыщIощыж уз зэрыцIалэр зыпкъырыкIа, арами, ди медицинэ IуэхущIапIэм къемыкIуэлIахэр. Апхуэдэу мы уз зэрыцIалэм удэджэгу хъунукъым. ЗыщIэзытхауэ, дызыщыгъуазэхэр Iуэхум къыхэплъытэмэ, къуажэм и Iыхьэ тхуанэм узыфэр япкъырытауэ солъытэ.
Шэч къытезмыхьэу жысIэнщи, нобэкIэ гужьеигъуэ дитыжкъым. Япэрауэ, цIыхухэм я нэхъыбэм къагурыIуащ я узыншагъэр хъумэнымкIэ езыхэм жэуаплыгъэ ин яхьын зэрыхуейр. Дэри, медицинэм и лэжьакIуэхэми, узыфэм хуэгъэзауэ къызэдгъэпэщын хуей IэзэкIэ кIуэрабгъухэр къэтхутащи, ди лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ тыншу къызэгъэпэща мэхъу.

-Мы зэман хьэлъэм уз зэрыцIалэм пэщIэт медицинэм и лэжьакIуэхэм, уи лэжьэгъухэм я цIэ къиIуэн хуейуэ долъытэ…
-Ахэр, шэч хэмылъу, иджырей зэманым и лIыхъужьу плъытэ хъунущ. Си гуапэу къыхэзгъэщынщ IэщIагъэрылажьэ нэхъуса ди дохутыритIыр: Щымырзэ Фатимэрэ Шыбзыхъуэ Фатимэрэ. Абыхэм я медсестращ ЛIымаху Санятрэ Мэремыкъуэ Людэрэ. Педиатрыр Уэрзэлы Залинэщ, абы щIыгъу медсестрар Урэкчай Ритэщ. Ди гур ягъэпсэхуу къыддолажьэ ди амбулаторэм къепха водитель-зэкъуэшхэу Бетыгъуэнхэ Артуррэ Рэмэзанрэ. Къохъу сабий пэплъэ бзылъхугъэ цIыкIухэми коронавирус къыщаубыд. Абыхэм набдзэгубдзаплъэу якIэлъоплъ, якIэлъокIуэ акушер IэщIагъэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ Щохъужь Iэминат.

Сэ, амбулаторэм и унафэщIу сыщыткIэрэ, сызыдэлажьэ гупым ягуэщI лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыныгъэр зэуэ си нэIэм щIэтыну си къалэным хохьэ. КъинэхмыщIауэ, системэм ислъхьэн хуеймэ изолъхьэ, анализ заявкэ сщIын хуеймэ сощI, согъэхьэзыр, а Iуэхухэри си лэжьэгъухэм ящхьэщызох.

-Коронавирусым фызэрыпэщIэт мазэ бжыгъэм, дауи, гурыIуэгъуэ фщыхъуауэ къыщIэкIынщ нэхъыщхьэу абы зэрызыщыпхъумэфыну Iэмалхэр…
-Мы узыфэм зэрызыщыпхъумэфынур узыншагъэр хъумэным телажьэ къулыкъухэм къабгъэдэкIа чэнджэщхэмкIэ IупщIу къэгъэлъэгъуащ. Ахэр зымыцIыху гъуэтыгъуейщ. Ахэр текI имыIэу бгъэзэщIэн хуейщ.

Япэрауэ, уз зэрыцIалэр щыщыIэкIэ, цIыху куэду здызэхуэс щIыпIэхэм уахыхьэ хъунукъым. Апхуэдэщ, лIэныгъэ, сэдэкъэ, хьэгъуэлIыгъуэ хуэдэхэр. Апхуэдэхэм хэтахэращ уз зэрыцIалэр нэхъыбэу къэзубыдыр.

АдреймкIэ, узыншагъэр зыгъэбыдэ дуней тетыкIэр: физкультурэмрэ спортымрэ цIыхум и Iэпэгъуу щытын хуейщ. Абы, шэч хэмылъу, иммунитетыр къеIэт. КъинэмыщIауэ, цIыхум пкъырыт узыфэхэр хэмытIэсэн папщIэ, дохутырым къитхыкIа хущхъуэхэр зэхьэныр щыбгъэт хъунукъым.

ЦIыхум жэуаплыгъэ хэлъмэ, медицинэм и лэжьакIуэм ищIэн хуейуэ зыри къигъанэу слъытэкъым. НэгъуэщIуи жысIэнщи, зыми егъэзыгъэкIэ зыпхуегъэхъумэжынукъым. Дэ чэнджэщ ятт къудейуэ аращ. ИкIи, псом хуэмыдэу, ди чэнджэщхэр зыхуэгъэзар ныбжь зиIэхэращ. Аращи, фызыхуэсакъыж! Ныбжь зиIэхэм гулъытэ яхуэфщI.
Унагъуэ къэс узыншагъэр иримыхкIэ! ИлъэсыщIэ къихьэнури угъурлы хэти хуищI!

(Черкес хэку)

Yazarın Diğer Yazıları

Гулъытэншэ ящIкъым

Илъэс куэд хъуащи хабзэфIым тету, Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкес республикэ Адыгэ Хасэм Iуэху дахэхэр къызэрегъэпэщ зи адэжь щIыналъэ къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр...

Гъуазджэр зи насып лъагъуэ

Ди хэгъуэгум, адыгэ лъэпкъым я щэнхабзэ, гъуазджэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщщ ИлъэсыщIэм ехъулIэу «КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызыхуагъэфэща, илъэс 43-м...

ЩIэныгъэ куу, нэмыс дахэ

«Жыгым къыпыкIэр и уасэрщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img