(*Мы къэтIуатэр, зищхьэм къырикIуа нанэр бзэгурэфти, «Ш» ‘ыр, ‘С’ уэт къызэрипсэлъыр.)
Къуажэ гуэрым, (Узын-Яйлэ) зы фIызабэ къулейсыз дэст. Зы шыдыжь закъуэт и Iэр. И унэри джабэм кIэрыщIыхьат. Гъунэгъухэм я щIалэ танэхэм, нанэм и шыдыр унащхьэм дырахуейщ, къырахуэкIщ, унащхьэм къырагъалъэри, шыдыр зэгуиудащ.
Мы къуейщIеягъэр зышIа щIалэхэм яядэхэр, «Нанэм дэж дыкIэнщи, дэлъэIунщ.
Ирэмыбе! Е шыд къыхуэтщэхужынщ, е и уасэр еттыжынщ» жаIэри унафэ ящIащ.
ИкIи зырыжаIэм хуэдэуи ящIащ «КхъыIэ нанэ мы дэлэхэм ящIар дыгъэгъэузэхуж. Ухуеймэ шыдым и уасэр уэтынщ. Хьэуэ жыпIэмэ, шыд къыпхуэтщэхужынщ. Умыбезакъуэ» жаIэщ.
Нанэм «Алыхь сымыбе. Быени сигу къэмыкI. Ауэ, алыхьым си сыдым и махуэр къахуигъакIуэ» жиIэщ жи.
КъазыIуэтэжар: Бзаджэ Ракъыбщ.
Узын-Яйлэ Къайнар щыщ.
Илъ. 53 мэхъу