Лъэпкъ IуэрыIуатэм и гуащэ

0
1127

Къэрэшей-Черкес Республикэм щыщ адыгэ бзылъхугъищ,  еджагъэшхуэхэу – тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз Фатимэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Пащты (Мыжей) Мадинэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Дыгъужь (Шыбзыхъуэ) МыIуминат сымэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием зэрыхагъэхьамкIэ ди газетым тхыгъэ тетащ. А къэхъугъэр ди лъэпкъым дежкIэ гуфIэгъуэ зэрыримыкъу щыIэкъым.  

Автор зэхуэмыдэхэм я Iэпэ щIэлъу ди газетым купщIафIэу къыщеттхэкIащ илъэс блэкIам зи доктор лэжьыгъэр пхызыгъэкIа, иджыблагъэ Адыгэ Академием  хагъыхьахэм ящыщ Уэз Фатимэ и лэжьыгъэм теухуауэ.  

Нобэ зи гугъу тщIынур Пащты Мадинэрэ Дыгъужь МыIуминатрэщ.


И щэджащагъкIэ къыпхуэмылъытэну адыгэм IуэрыIуатэ къулей къыщIэнащ. Ар – нэгъуэщI лъэпкъхэм ябгъэдэмылъ хъугъуэфIыгъуэщ, телъыджагъщ, лъэпкъым и налкъутщ.  

Лъэпкъ IуэрыIуатэр джыным, тхыдэр къэхутэным, пасэрейхэм зэрахьа щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къэIэтыжынымрэ хъумэнымрэ, ахэр ди гъащIэм хэпщэным, лъэпкъыбзэр адыгэхэм яIурыгъэлъыным гуащIэшхуэ нобэ хуэзыгъэтIылъ щIэныгъэрылажьэ пашэщ Пащты (Мыжей) Мадинэ. Абы и гъащIэм къыгуэпх мыхъуну епхащ и псэр зыхэлъ и лэжьыгъэр.  

Егъэлеяуэ жысIэкъыми, щIэныгъэрылажьэ гуащIафIэр и лэжьыгъэхэмкIэ дуней псом щикъухьа адыгэхэм фIыщэу къыщацIыху. Абы бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэхэщIыкI лъагэмкIэ я къежьапIэри гурыIуэгъуэщ. Хэт, атIэ, адыгэ щIэныгъэ утыкум де жди лъэпкъым къыхэкIа IуэрыIуатэдж, щIэныгъэрылажьэ лъэрыхь Мыжей Михаил зымыцIыхур? Абы и щIэблэщ адэм и лэжьыгъэр нобэ купщIэ хэлъу пызыщэ Мадинэ. 

ЩIэныгъэ нэс зыбгъэдэлъ цIыху акъылыфIэм, и зэфIэкIхэри гъунэншэщ. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэм гугъуехь хэмылъу хуэфэщэн лэжьыгъи игъуэтынущ, зиужьынущ, и псэр зыщIэхъуэпс щэхухэри къэхутэным, нэхъыбэ зригъэщIэным еш имыщIэу елэжьынущ, зыхуигъэувыжа мурадхэри ерыщу зригъэхъулIэнущ. Апхуэдэщ Мадинэ и Iуэху щIэкIэри… 

Мадинэ къыщыхъуащ Черкесск къалэм. Курыт щIэныгъэр здыщигъуэтари Къэрэшей-Черкес Республикэм дежщ. Иужьым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым щIыхьэри, 1993 гъэм а ищхьэ еджапIэр диплом «плъыжькIэ» къиухащ.  

1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым (Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым) IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур сымэ ядэлэжьэн щригъажьэри, 2002 гъэм и кандидат диссертацэр профессор Гъут Адэм и нэIэм щIэту Налшык къалэм деж щыпхигъэкIащ. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ. 

2003 гъэм Мадинэ Мейкъуапэ дэт Адыгэ къэралыгъуэ университетым къыщызэрагъэпэща, профессор Унэрокъуэ Рае зи унафэщI ЛъэпкъщIэныгъэмкIэ Купсэм щылэжьэн щIедзэ. Иужьым, 2008 гъэм щегъэжьауэ, Адыгэ Республикэм щыIэ, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым этнологиемкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ пашэу, а IуэхущIапIэм и гуащIэ щегъэтIылъ.  

2009 гъэм щIидзэри, Пащты Мадинэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я деж IуэрыIуатэ-этнологие экспедицэ зыбжанэ щригъэкIуэкIащ, абы къыщиугъуеижа материалхэмкIи тхыгъэ 50-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ, къытригъэдзащ. 

2004 гъэм щегъэжьауэ Пащты Мадинэ Адыгэ къэралыгъуэ университетым и проекту «Тыркум щыпсэу адыгэхэр» жыхуиIэ серием и редколлегиеми, абы къыдэкIуэу, Мейкъуапэ къэбэрдеибзэрэ кIахэбзэмрэкIэ къыщыдэкI «Псалъ» журналым и редколлегиеми яхэтщ.     

2015 гъэм щегъэжьауэ Пащты Мадинэ кавказ къэхутэныгъэхэмкIэ Истамбыл къалэм къыщыдэкI JOCAS («Journal of Caucasian Studies», «Кавказоведческие исследования») журналыр къыдэзыгъэкIхэм ящыщщ. Мы журналым тыркубзэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ я тхыгъэхэр къыщытрадзэ этнологием, тхыдэм, бзэм елэжь щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм. 

2018 гъэ лъандэрэ Пащты Мадинэ Тырку къэралым и университет нэхъ инхэм, лъэрыхьхэм ящыщ зым, Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым ирагъэблэгъауэ щолажьэ. Абдеж адыгэбзэмкIэ къудамэм Мадинэ адыгэ культурэр, IуэрыIуатэр, диалектологиер, нэгъуэщI дерсхэри щрегъэдж.  

И адэ Мыжей Михаил зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэхэр, къыдигъэкIауэ щыта тхыгъэхэр я лъабжьэу, езым и къэхутэныгъэхэмрэ и тхыгъэхэмрэ щIыгъужу, 2012 гъэм Пащты Мадинэ адыгэбзэкIэ къыдигъэкIащ «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъыр. Ар 2018 гъэм Анкара къалэм тыркубзэмкIэ зэдзэкIауэ къыщыдэкIыжащ. Уеблэмэ, а тхылъым ит материалхэр куржыбзэкIи зэрадзэкIри Тбилиси къалэм къыщыдэкIа «Кавказ лъэпкъхэм я мифологием» хагъыхьащ. 

Къапщтэмэ, Пащты Мадинэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ, къэхутэныгъэ тхыгъэ 90-м нэс. Ахэр ятеухуащ адыгэ лъэпкъ лирикэм, гушыIэ культурэм, мифологием, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным и методологиемрэ хэлъ ныкъусаныгъэхэмрэ, адыгэ диаспорэм и щэнхабзэм. 

Зэрытлъагъущи,  илъэс 30-м нэблэгъащи, Мадинэ зытелажьэр адыгэ лъэпкъым къыщIэна тхыдэ къулейр хъумэнращ, ди лъэпкъым и IуэрыIуатэр, литературэр, бзэр джынращ. АбыкIи, щIэныгъэрылажьэ гуащIафIэм лъэкIрэ хузэфIэкIрэ къигъанэкъым. Апщыгъуэми, хущIокъу и лэжьыгъэхэмкIэ лъэпкъым бгъэдэлъ щIэныгъэр ипэкIэ игъэкIуэтэн.  

Тхьэм адэкIи и гуащIэр зэпымыууэ, и  лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ лъэпкъыр игъэгуфIэу, гуфIэгъуэр и унагъуэ имыкIыу, узыншэу куэдрэ игъэпсэу, игъэлажьэ!

 

(Черкес хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz