ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ…

0
491

Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ уэмт. Альберт пщыхьэщхьэ псом хадэм илэжьыхьауэ, пшапэр щызэхэуэм унэм къыщIыхьэжат. Абы ахъшэм нэмэзыр зэфIигъэкIри, пщэфIапIэмкIэ иунэтIащ. Къуэ нэхъыжьыр унэм щIэсу щимылъагъум, и щхьэгъусэм еупщIащ щIалэр здэщыIэмкIэ. Ибрахьим и адэм зы сыхьэт къритат уэрамым дэтыну, и ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэм ядэджэгуну. Ауэ а зэманыр фIэмащIэ хъури и анэми елъэIури иджыри зы сыхьэт къыдыщIригъэгъуат. АрщхьэкIэ ари къемэщIэкIат – щIихьэри уэрамым къыщыгуват. Арат « Ибрахьим дэнэ щыIэ?» щыжиIэм, гузэвауэ «къэкIуэжакъым иджыри, къыщызэлъэIум, сфIэгуэныхь хъури иджыри тIэкIурэ дэтыну хуэздат» щIыжиIар щэху дыдэу. Ар Альберт къыпхуидэнт? ЦIыхухъум ищIа унафэм цIыхубзыр щхьэпрыбэкъукIрэ езым зэрыхуейуэ ищIу ар есатэкъым. И адэм жиIам фIэкIыну и анэр зэи хуитакъым. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, пщIэ, нэмыс яку дэлъу, «адыгэ унагъуэ нэгъэсащ» къыхужаIэрэ зэрыкъуажэу пщIэ къыхуащIу зэдэпсэуахэт. Арат я сабийхэри зыщIапIыкIар. Шынэжу зызыущэхужа щхьэгъусэм нэщхъкIэ епыджри, ар къуэ нэхъыжьым и лъыхъуакIуэ щIэкIащ.  

Пщыхьэщхьэр хэмыкIуэтами, цIыхухэр япIэ изэгъэжат. Зэзэмызэ хьэ банэ макъ къызэпхыIукI мыхъумэ, уэрамыр даущыншэт. Жьы мащIэ къыкъуэур махуэ уэм кIыхьым иригъэзэша Iэпкълъэпкъым гуапэу едэхащIэрт, псэр игъэтыншт. Альберт кIуэрт и къуэм жриIэнур игукIэ зэригъэзахуэурэ. Ар Ибрахьим щхьэкIэ губжьми, ищIэжт абы и ныбжьым и адэ-анэм я фэм езым дихар. Дихам лIо, ягъэтхъа уфIэщIрэ? Дапхуэдизрэ зэпадзыжу яукIа? Ауэ абы щхьэкIи зыхуейр ищIэн къигъанэртэкъым – «ирауд банэнкIэ зигъэнщIыркъым» жыхуаIэм хуэдэти, къыкIэлъыкIуэ махуэм псори щыгъупщэжырт. Ахэр игукIэ зэригъэзахуэу здэкIуэм, щIалэ цIыкIу уэрамыщхьэм щызэхэтым яIущIащ. Ибрахьим уэршэру зэхэт щIалэ цIыкIухэм къахишыжри къежьэжащ. Апхуэдизу шхыдэну зызыгъэхьэзыра адэр теужати щымт, щIалэми зыри жимыIэу, адэм шхыдэн къыщыщIидзэным ежьэу, зэбгъурыту къэкIуэжхэрт.  

– ПIытIэ, апхуэдизрэ щхьэ удэта уэрамым, сэ сытыт ныбжесIар ? Зы сыхьэт удэту укъэкIуэжын хуеятэкъэ? – къригъэжьащ Альберт щэхуу и къуэм и нэкIум иплъэурэ здэкIуэм.  

ЩIалэ цIыкIур къэгузавэри жиIащ: «Папэ, сэ мамэ къысхуидащ». Дапхуэдизу шхыдэну и Iупэм къэмысами, ирикъухыжри Iэдэбу къуэм жриIащ адэм унафэ къыпхуищIамэ, уи анэм уелъэIуу , фIэгуэныхь зыпщIу а унафэр ебгъэкъутэ зэрымыхъунур, ар зэрыхабзэншагъэр, унагъуэм хабзэ илъын зэрыхуейр, нэхъыщIэр сыт щыгъуи нэхъыжьым и псалъэм фIэмыкIыу, фIэлIыкIыу зэрыщытын хуейр. Ибрахьим псалъэ къыпимыдзу едаIуэрт и адэм къыжриIэхэм. ТIэкIуи игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ и щхьэр ирихьэхащ абы, и гугъакъым езыми апхуэдизрэ къэтыну. И къуэм щыIуплъэм, Альберт аргуэру и гур кIуэжащ и къуэ нэхъыжьым и ныбжь езыр щита зэманым. Ар щыдашэжкIэ щыму кIуэжтэкъым, Ибрахьим хуэдэу, атIэ зэпымычу лъаIуэурэ кIуэжт. Дашэжым ямыукIыным щIэлъэIуу арауэ фи гугъэрэ ? Махуэ еным зэуауэ, зэранауэ, нэхъыжьи, нэхъыщIи я фэр ирихауэ пщыхьэщхьэр къыщыскIэ, абы удын куэди къытехуауэ, дыркъуэ куэди телъу къэкIуэжт. ЩIэшынэр зыт – а дыркъуэхэр я деж къалъэгъунырт. ЩIэлъаIуэри арат щашэжкIэ. 

– КхъыIэ, уэздыгъэр хэвмыгъанэу сывукI атIэ, хъун? – жиIэу лъаIуэурэ унэм нэсыжт. Иджыпсту йогупсысыжри, погуфIыкI – тIум щыгъуэми саукIынурат, щхьэи сылъаIуэрэт апхуэдизу пщыхьэщхьэ къэс. Ар зэи удыным щышынатэкъым икIи зыпыIуидзатэкъым, хьэблэм я хьэкъзэхэшэт – зэшмэ псалъэмакъ къигъэхъейуэ, хэти щыхьэфынут, езэуэнут. Зыщыхьэр нэхъ инти, нэхъ лъэщти жиIэу зэи елIалIэртэкъым – хэтми идэрт, и зэш теумэ арат. ДауикI, арат апхуэдиз удыни къыщIытехуэри. Зыщыхьар къарукIэ къытекIуамэ, и ныбжьэгъу нэхъыжьхэр къриджэнурэ яригъэубэрэжьыжынут. Сытми, зыгуэр яукIмэ и гур хэхъуэрт, ар езы дыдэр ару щытми. Ауэ зы леи зыми щIигъэкIуэнутэкъым. «Хэтхэ уарей уэ зэраншур» жаIэрэ къеупщIамэ, и жэуапыр зыми я фIэщ хъуртэкъым. «А унагъуэм уэ пхуэдэ щэныншэ яIэн хуейкъым» къыжезыIэхэри мащIэтэкъым. Альберт щэныншэу ара фыфIэщIрэт, унагъуэм щыщIалэ жыIэдаIуэ дыдэт – игъащIэкIэ хуэбгъэфэщэнутэкъым уэрамым дэт щIалэ цIыкIу зэраншур арауэ. КъыжраIэри «хьэуэ» химылъхьэу сыт щыгъуи игъэзащIэрт, и адэ-анэм я псалъэ пщIантIэм дэсыху тIу ищIыртэкъым. Ауэ пщIантIэм зэрыдэбэкъукIыу, щIалэ щэныфIэр яхъуэжым ярейт – къыпхуэмыцIыхужыну щIыкIей хъурт. Куэбжэпэм щыст сыт щыгъуи я гъунэгъу нанэ цIыкIур. «Альберт здэкIуэр зэгъэлъагъу, гъэхъу» жаIэу къыдагъэтIысыкIыу фIэкIа пщIэнтэкъым ар. Сыт хуэдэ зэманым къыдэмыкIами, тетIысхьэпIэр игъэдахэу тест Бабыцэ нанэр. Мо щIалэр къызэрыдэкIыу къеупщIынт: « Дэнэ уежьа, Элбэрд?» – жиIэнти. Гукъыдэж щиIэм деж здиунэтIа лъэныкъуэр жриIэрт, щимыIэм ищхъэрэкIэ иунэтIми «сыдокIуейр» жиIэрт. Нанэм ар зэригъэзэхуэжт «удэкIуейкъым, уохыр» жиIэрти. Мыдрейри «щыплъагъукIэ щхьэ ущIэупщIэрэ» жиIэрти и гъуэгу теувэжт, нанэм жиIэныр имыщIэу къигъанэрти. ИкъукIэ зэраншут. Дапхуэдизрэ и адэ-анэр къемылIэлIами, езым къыгурыIуэ хъуху, зэранынкIэ зигъэнщIыху я жыIэм техуакъым. «И ущие зы махуэщ» жыхуаIэм хуэдэти, пщыхьэщхьэм и адэм къыжриIа псори нэху зэрыщу щыгъупщэжти, аргуэру и адэ-анэм я щIыбыр къагъазэу лэжьапIэ зэрыкIуэххэу, Альберт зэранщIакIуэ ежьэрт.  

Ауэрэ къыдэкIуэтейри апхуэдэ щIалэ уигъэлъыхъуэну зихъуэжащ. И адэм къыжриIэу щыта псалъэхэри зэуэ зыхилъхьащ, жеяуэ къызэщыужа нэхъей. Ибрахьим зэзэмызэ зэрыщхьэприхыр иджы егъэщIагъуэр, езыр зэрыщытар щыгъупщэжауэ. «Бжэн лъхуэуэ щынэ къилъхуркъым» жаIэр адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэр – атIэ и адэм и хьэлхэм щыщ зыгуэр хэлъкIэ, щIалэр бгъэкъуаншэ хъурэ. И зэман нэсмэ, ари щIалэ бэлыхь хъунщ и адэ хуэфащэу.  

  

Тхыгъэр зейр:  

Борий Дисанэ, Налшык, 26 еджапIэ. 

ЕгъэджакIуэр:  

Къанло Эльбинэ Уэлид ипхъу. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz