ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
279

Екlуэкlыу: 6. Нарт лlыхъужь. 7. Пхъум и щхьэгъусэ. 9. Зиусхьэн лъэпкъ. 11. Дыщэр … хуэныкъуэкъым. 12. «… и пщэдейхэр» – Щоджэнцlыкlу Алий и усэ. 13. Пхъащlэ lэмэпсымэ. 15. Зи купсэр яшх удз хущхъуэгъуэ. 16. Темыужу куэдрэ къешх уэшх. 17. Зекlуэ къикlыж шу гупым, япэ итхэр ихъумэн папщlэ, иужь кърагъанэ шу. 19. Щlы къиуда. 21. Адыгэ макъамэ lэмэпсымэ. 25. Жьэражьэу хьэкум илъ. 26. Бжьыным, бжьыныхум я лъэпкъыгъуэу мэзхэм къыщокl. 27. Узэрыбэуэн хьэуар пхуримыкъуу дунейр щыхуабэ зэман. 30. Пщым и дэlэпыкъуэгъу. 31. Пасэрей зауэлl джанэ, гъущl хъарым къыхэщlыкlауэ. 32. Илъэс ещанэм ит шыщlэбз. 35. Зи щlыфэр зэрыщыту «мастэ» псэущхьэ цlыкlу. 38. Махуэцlэ. 40. Цlыхухэм защызыдзей, зи закъуэу псэу. 41. Нэрынэ-нэрынэу зэрыс кlапсэ цlыкlу. 43. Екlуэлlапlэ имыlэу дзэр зыдэс сэрей лъагэ. 44. Сабийхэр джэдум зэреджэр. 45. Фlэlугъэхэр, нэгъуэщl ерыскъыпхъэхэр щахъумэ гъэтlылъыпlэ. 46. Щыхь ин лъэпкъ.

Къехыу: 1. Зэрышачэ. 2. Унэм щигъэзэщlэн хуейуэ школакlуэм и пщэ къыдалъхьэ къалэн. 3. Бахъсэн районым щыщ къуажэ. 4. Ди щlы-налъэм щежэх псы. 5. Банэ къуацэ лъахъшэм къыпыкlэ пхъэщхьэмыщхьэ. Хадэхэм щагъэкl. 8. Пхъэlэпэм нэгъуэщlу зэреджэ. 10. «Илъэс 60 ухъуакъэ … уэздыгъэр» – «Тlатlушэрэ Сатlурэ» спектаклым Тlыхъужь Алий щыжиlа псалъэ. 13. Еуэкlыпlэ. 14. Хеймрэ мысэмрэ щызэхагъэкl lуэхущlапlэ. 18. Таурыхъ, псысэ … 20. Памыупщlу гъэ техьа удз. 22. Хадэхэкl. 23. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ. 24. Къуацэчыцэ. 28. Куэд, пэрыхьэт, бэгъуа. 29. Жыгейм къыпыкlэ жылэ. 33. Мы гъэм къуажэдэсхэм гъавэ … кърахьэлlащ. 34. Унагъуэ къэс щlэлъ хьэпшып. 36. Хадэхэкl. 37. Ставрополь щlыналъэм щыlэ къалэхэм ящыщ зым адыгэхэр зэреджэ. 39. Щоджэнцlыкlу Алий и поэмэ. 42. Нартхэм я фадэр къызыхащlыкlыу щыта пхъэщхьэмыщхьэ. 43. Къэбэрдей-Балъкъэр драмтеатрым и джэгуакlуэу щыта, УФ-м щlыхь зиlэ и артист.


№ 34 2023 Гъатхэпэ мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:

Екlуэкlыу: 3. Бажэ. 7. Пцlым. 9. Джэрмэншык. 10. Дыгъужь. 12. Тен. 13. Сурэ. 15. Ныджэ.18. Пшэр. 19. Залэ. 20. Буш. 24. Кlарц. 26. Бгъуэнщlагъ. 27. Самэ. 28. Бзий. 29. Бемырзэ. 32. Махуэ. 37. Елэн. 38. Идар. 41. Хьэжы. 43. Уэркъ. 44. Хьэту. 46. Къурэ. 47. Лэкъум. 48. Шыпсыранэ. 49. Пхъэх. 50. Джэду.
Къехыу: 1. Бжэндэхъу. 2. ПцLэгъуэплъ. 3. Бащлъыкъ. 4. Фэбжь. 5. Лъэуей. 6. Бырс. 8. Мыштыку. 11. Гъуазэ. 14. Уэшх. 16. Блэгъу. 17. Куба. 21. Лъабзэ. 22. ЕнтLыр. 23. Lумахуэ. 25. Цей. 27. Сом. 30. Епэр. 31. Задэ. 33. Мест. 34. Хъурмэ. 35. Хьэрхьуп. З6. Дыхьэрэн. 39. Жумэрэн. 40. Арыкъшу. 42. Ержыб. 45. Урыху. 47. Линэ.


Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщlэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщlапlэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“Тхылъымпlэ кхъухьхэр”) зи фlэщыгъэ тхылъыр, тхакlуэм и lэ щlэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz