Уэ, зы псэущхьэу цIыху! Уэ сыт щIэпцIыхур. Уэр фIэкIа зы цIыху къыхэкIакъэ зэмылIэужу псэу мыбы хуэдиз псэущхьэхэм.
Сыт адырей псэущхьэхэм фазырыщхьэщыкIыр?
Нэхъ леуэ сыт фхэлъыр?
Сыт фхузыфIэкIыр?
-Дэ адырэй псэущхьэхэм хуэдэуи псэ тIутщ.
-Зы пкъы диIэу, адырейхэм хуэдэуи пкъыгъуэ диIэщ.
-Добауэ, допамэ, додаIуэ, долъагъу, добзей, доIэбэ.
-Дофэ, дошхэ, дызокIуэ, дызокIуалIэ, щIэбли щIохъуэ.
-Мыхэр, дэ дэщхь, быдз зыщIэт псэущхьэу хъуам яхэлъщ. Дэр нэхърэ памэнкIэ нэхъ Iэзэ, плъэнкIэ зи нэр нэхъ жыжэм хуэжан, зекIуэнкIэ нэхъ жэр, даIуэнкIэ нэхъ щэхур зыхэзыщIэ псэущхьэхэри хэтщ. Я лъакъуплIым тетыжу зы псэукIэкIэ мэпсэухэ.
Дэ дызыращхьэщыкIар; ди лъэм и ныкъуэ (Iэпкъ-лъэпкъ) лъакъуитIым дытеувэу, ди пкъыр а лъэ лъэныкъуэм щызырихьэфыу тетыф щыхъум щыгъуэ, Iэхэр (IитI) нэщIыу, хуитыу къэнащ. А и Iитыыр зэрихьэфыу щIидзащ. Иджыр къэс зэримыхьауэ «щIэ»уэ щIедзэ Iэ зехьэныр. Бзэми мы «щIэ» макъ псалъэр къыхохьэ. Iэ-бэ-уэ зэрихьэ «Iэ»м, «щIэ» макъыр дищIыгъуу, Iэ-щIэ-лъу, и Iыгъыр сытми «Iэ-щIа-гъэ»у къожьэ. Зихъумэн папщIэ, щакIуэн пащIэ «Iэ-кIэ» и Iыгъым хужаIари «Iэ-щэ»щ.
И лъэм теува псэущхьэу и пкъыми зеужь. ЗыфIэту щыхъум зы лъагагъэ егъуэтыри, и нэм жыжэр илъагъу щыхъум щыгъуэ адырей псэущхьэ ин, жэрхэм зыщихъумэф мэхъу.
ЩызыфIэмытым щыгъуэ и тхьэмбылым адырей пкъыгъуэхэр телъ хъути, тхьэмбылым зиубгъуу, бэуэ бауэфтэкъым. ЗыфIэт щыхъум щыгъуэ тхьэмбылыми хуиту зиубгъуу, нэхъ тыншу бауэ щыхъум щыгъуэ къыригъэкI макъхэми зиужьу, зихъуэжу, макъхэр зыпищIэфыу, тэмакъ, макъ къикIыпIэхэми и кIэпсхэм зиужьу, макъ щхьэхуэхэри хигъахъуэу, псалъэным щIэдзапIэ хуэхъуащ. Макъ куэд къыригъэкIыфу псалъэ нэгъуэщ зы псэущхьэ щыIэкъым. Къыхуэзыхьари зыфIэт хъууэ тхьэмбылым зиубгъуу, къыхуихьа тыншыгъэм макъхэр къизыгъэкI тэмакъ макъ кIэпсхэм зэрызиужьаращ.
И псэукIэ щытыкIэм къыхуихьэхэм ящыщ зыщ. И кIэтIийхэр и псэукIэм екIуу нэхъ кIэщI хъуащ.
ЗыфIэт хъуа нэужь, ипэрейм елъытауэ и щхьэкуцIыр нэхъ ин хъуащ.
Мы къедбжэкIахэр щигъащIэм мы псэущхьэм цIэуэ къытенауэ зырахьэр «хьэ»т. А ижь ижьыжьым щыпсэуа лъэхьэнэми сэ цIэуэ фIэсщар «Хьэ лъэхъэнэ»щ. Мы лъэхъэнэм хэту, зиIэту, и лъэм теувэу, и Iэр зырихьэу IэщIэгъэ зыфэкIыныгъэр къожьэ. Мы зыфIэкыныгъэр, зыфIэзыгъэкIыр Iэращ. Жыгым и зы къудамэм пыщIыкIа и зы къуапэм, лIэжа зы псэущхьэм къыщIэна зы къупщхьэ быдэм «щIэ»уэ и пэм «пи/щIэ» мывэ дзакIэ жаныр щызыфIилъхьэфыу, щакIуэ щыкIуэм ириуэну «Iэ/щэ»м, «уэ/щы» хужиIащ. (Ща)кIуэ (щэ)хуу (щы)кIуэм (щы)гъуэ ма(уэ) «уэ/щы»мкIэ…
«ЩIэ»уэ уэщыр зы«щIа»р, зы(щIы)фыр дэращ. зыращIыр дэ до(щIэ)! Адырэй псэущхьэхэм я «щIэ»къым, я’цIыху’къым. Дэ дощIэ, дэ до’цIыху! хужаIэу адырей псэущхьэхэм зарыщхьэщыкIым гу лъатауэ, дэ до(щIэ), хыдо(щIы)кI, дэ до(цIыху)! Абы щыгъуэ дэ ды «цIыху»щ! жаIэу «Хьэ лъэхъэнэ»р яухыу «цIыху лъэхъэнэ»р къырагъэжауэ пIэрэ жыуегъэIэ…
Ди бзэм и зы IуэтэкIэу, бзэм къызэрыхэщыу цIыхугъэм и къежьэкIэм мыбы хуэдэу зиужьыурэ къогъуэгурыкIуэ.
БгъуэнщIагъым щIэсащ. И лъэм теувэу, Iэщэр ищIащ. Зыщихъумэжыф щыхъум щыгъуэ псым пэгъунэгъу «къуажэ»у, «хьэблэ»у тIысащ. Псэущхьэхэр игъэсащ. И лыр, и шэр, и фэр сыт къыщхьэпэми зырихьащ. ЩIым елэжьу вэн-сэн къиублэри къэкыгъэ къигъэкIащ. Зыри щимыIэм, йIэ хъури, и Iэщым «тхьэбзэ» тридзащ. Иубыдауэ и Iыгъ щIым сысейщ, хужиIащ. Ахэр къезытауэ и лъытэм «Тхьэ» хужиIащ. Тхьэм, езым ейм щыщ хуихьыу «тыхь» хуищIащ. ЦIыху зэблахэм къалэжьахэр, я псэр яхъумэжыну къалэ быдапIэхэр ящIащ. Дзэ яухуащ. ЗауэкIэ зытырахащ. ЗытыраIыгъэф щIым гъунапкъэ хуащIащ. А гъунапкъэм щыпсэу цIыхухэм цIэ фIащащ. Хэтыр и шхын Iыхьэр игъуэту тынщу псэуащ. Хэтыр шхын Iыхьэм хуэныкъуэу псэуащ. Хэтым цIыхугъэр къыщежьэм зырахьа «щIэ» макъ псалъэм къытехъукIауэ «щIэн», абы къытехъукIыжауэ «щIэныгъэ»р зырахьащ.
Хэтыр щIэныгъэр щхьэдидзыхауэ, и фIэщ хъуа фIэщхъуныгъэр япэ иригъэщыу, къэзгъэщIам и Iэ илъщ псори, къыдитыныри, къыдимытынуми зейр аращ хужиIэу псэуащ…
Къэтпсэлъыу дызытепсэлъыхьар «цIыху»ращ. «ЦIыхугъэ»ращ. Къызэрытпсэлъар ди бзэращ. Мы бзэр «Адыгэ бзэ»щ. Мы бзэр зезыхьэхэр «Адыгэ лъэпкъ»ыращ. Нобэ щIэныгъэм хуегъэзэкIауэ, IэщIагъэ, Iэзагъэ гъэлъэгъуапIэу, «Кайсэри Къалэм Машынэ Фуар»ым сыщыIащ. ЩIэныгъэр зыдынэсар, умылъагъумэ уи фIэщ хъуркъым. ГубзыгъащIэу зытеухуа мащынэхэм узыхуейхэр гурыбогъаIуэ, Iущылъэм иботыри, уэ уемыIусэу, узыхуей дыдэр къыуетыж. IущыгъэкIэ гъэпса Iущалъэм нэсамэ хурокъу къыщIигъэкIыным…
ЩIэ, щIэн, щIэныгъэ жытIэурэ дыкъыздэса щIыпIэр долъагъу… Iэр хэмыIэбэжу IэщIагъэр утыку къохьэ… мыр зи жанагъ зы зыхъуэжыкIэр къыдэфIэкIуэну пэрэ!?…
Мыбы хуэдизыу псынщIэу, жэкIэ зызыхъуэж щIэныгъэр цIыхум, цIыхугъэм щхьэпэну пIэрэ жыуигъэIэу… Гурыщхъуэ зыхуиуигъэщIыу…