Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщІэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmaiІ.com хэщІапІэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan GemiІer” (“ТхылъымпІэ кхъухьхэр”) зи фІэщыгъэ тхылъыр, тхакІуэм и Іэ щІэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.
ЕкІуэкІыу: 4. ГъущІхэкІ лъапІэ. 9. Шыр нэхъ хуабжьу ягъэкІуэн хьисэпкІэ шырыкъу лъэдакъэм кІэралъхьэ. 10. ЕрыскъыкІэ нэпсей. 14. Унагъуэ псэущхьэ. 15. Жэм бу … 16. Шыбжий фІыцІэм нэгъуэщІу зэреджэ. 17. Бжэныфэм къыхащІыкІ къэп. 18. Адыгэ сабийхэм папщІэ къыдагъэкІ журнал. 19. Мэкъу… е сабий… . 21. ПІастэ зэрапщ пхъэ хьэнцэ цІыкІу. 22. Сату щащІ зэхыхьэшхуэ. 27. Жыжьэр гъунэгъуу уэзыгъэлъагъу. 28. Аруан районым щыщ къуажэ. 31. Азие Ипщэм щыпсэу джэд дахэ лъэпкъ, и къабзийхэр дыщафэ-къуэлэну (Налшык зоопаркым апхуэдэ исщ). 33. ФІэІугъэ щызэхалъхьэкІэ къагъэсэбэп ткІуаткІуэ. 35. МафІэр ину щыдэлыдейкІэ къыпех. 37. Зи тхьэмпэхэр къабзийм ещхь жыг быдэ лІэужьыгъуэ. 38. Хадэм зэрилэжьыхь Іэмэпсымэ. 40. Нартхэм я гъукІэ. 41. Хэку зауэшхуэм лІыгъэ щызезыхьа адыгэ усакІуэшхуэ. 42. Къамэ Іэпщэр зэрагъэщІэращІэ фІыцІагъэ. 45. Гъурцым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэ. 46. Зи купсэр яшх удз сыр лІэужьыгъуэ. 48. «Куэсэ …умыщІ».
Къехыу: 1. Псым и адреи Іуфэ. 2. Пхъэ сахуэ. 3. Жыг лъэдий гъум, ухъуэнщІауэ. 5. Ири пыджэу фочыпІэм палъхьэ. 6. Бжэныфэм къыхащІыкІ Іуданэ. 7. Вакъэ лъапщэ кІыхь. 8. Бдзэжьей лІэужьыгъуэ. 11. «Си … къэлъагъуи си лъэІур къысхуэщІэ». 12. Социалист Лэжьыгъэм и ЛІыхъужь, жэмыш цІэрыІуэ Пащты … .13. Гъуэгум иІэ кумблІэмб. 20. Дэрбзэр Іэмэпсымэ. 21. Гъатхэм пасэу къэлъэтэж къуалэбзу. 23. СомфІыцІэм щай къыхэбдзмэ, апхуэдизщ къанэр. 24. ЩІэпым къыхащІыкІ. 25. Унэ плІанэпэхэм дищІэ хьэпщхупщ. 26. Зеиншэ. 29. Дзэлыкъуэ щІыналъэм щыщ къуажэ. 30. Муслъымэн диным зэрыжиІэмкІэ, дунейм ехыжахэр къагъэтэджыжу псапэрэ гуэныхьу ящІар щызэхагъэкІ махуэ. 32. ПкІатэ-лъатэу къэзыкІухь псэущхьэ цІыкІу. 34. Жызум гъэгъуа. 36. Адыгэ драматург цІэрыІуэ. 37. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщІу щыта. 39. НэкІум, щІыфэм иІэ зэлъагъэ. 43. АбыкІэ хьэм уеуэми гъынукъым. 44. «… умыхъуу къуажэ ухъунукъым». 47. Литературэ тхыгъэ.
№ 50 2024 Бадзэуэгъуэ мазэм къыдэкІыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:
ЕкІуэкІыу: 3. Пшагъуэ. 8. Жызум. 10. Мастэпэбдз. 13. Амур. 15. Без. 16. Сурэ. 18. Даущ. 21. Пхъэр. 22. Шылэ. 23. Нэгъуд. 27. Лэгъуп. 29. Къундэпсо. 30. Щалэ. 31. Дыгъужь. 32. Шувалов. 35. КІагъуэ. 40. Данэ. 41. Шатэ. 44. Шухьэ. 46. Шхий. 47. Вынд. 49. Сыдж. 50. Гъубжэ. 51. Щхьэмыгъазэ. 52. Нэгъуей. 54. ХъумакІуэ.
Къехыу: 1. Егъу. 2. Хъы. 4. Шэфтал. 5. Даур. 6. Щэуей. 7. Къубас. 9. Уэншэку. 11. Мащэ. 12. Шэпхъ. 14. Уэшх. 17. Уадэ. 19. Елэн. 20. Хьэпс. 24. Джэдыгу. 25. Къэуал. 26. Благъуэ. 28. Пыжь. 30. ЩэкІ. 33. Уанэ. 34. Оман. 36. Удын. 37. Сэмб. 38. Шумахуэ. 39. Хьэвэ. 42. Пшэр. 43. КъуийцІыкІу. 45. Бытыр. 48. Духьэ. 50. Гъуазэ. 53. Ер. 55. Мы.