Гугъуэтыжхэ адыгэ лъэпкъ узыншэщ

0
1294

Дэтхэнэ зы лъэпкъми къежьапIэ гуэр иIэщ, икIи дэтхэнэри и къежьэкIамрэ и къекIуэкIыкIамрэ IупщIу и нэгу къыщIыхьэну хуейщ.

ЦIыхур къигъэщIащ апхуэдэу, зоупщIыж: хэт сырибын, сытыр си къежьапIэ?

Апхуэдэ упщIэхэм я жэуапыр къэзылъыхъуэр щIохъуэпс и лъэпкъым и тхыдэм щыгъуазэ зыщыхуищIкIэ, зэрыгушхуэн, зэрыинын куэду хилъэгъуэну, зытеукIытыхьын зыри къыхэмыкIыну. Дауэ щымытми, шэч зыхэмылъыр зыщ – пэжыр ищIэну хуейщ.

Апхуэдэу, Гугъуэтыж лъэпкъми и тхыдэм цIыху къэс щиIыгъа увыпIэр, гъащIэм щигъэхъар, лъэпкъым папщIэ ищIэфар Iэмал зэриIэкIэ пэжу, нэгъэсауэ зэфIигъэувэжыну йолIалIэ.

Лъэпкъым теухуа сыт хуэдэ Iуэхури къилъыхъуэжу, зэхуихьэсу щытащ Гугъуэтыж Iэсхьэд и къуэ Iэмырхъан. Абы пищащ, лэжьыгъэ хъарзыни зэфIигъэкIащ и къуэш нэхъыщIэ Iэбузед. Лъэпкъ Iуэхум емызэшу телэжьащ ТIытIу и къуэхэу Бэхьилрэ МутIэлибрэ.

Къугъэлъыкъуей (Урыху) къуажэм дэс Гугъуэтыжхэм я къежьэкIар Iэмырхъан 1942 гъэм итхыжыгъащ лъэпкъым я нэхъыжьхэу Хьэжы-Анзор, Хьэжы-Нахъуэ, ТIытIу сымэ къызэраIуэтэжам тету. Я лъэпкъ тхыдэр фIыуэ ящIэрт ТIытIу и къуэхэу Бэхьил, МутIэлиб сымэ. Абыхэм къаIуэтэжам къызэрыхэщамкIэ, нобэрей Гугъуэтыжхэм я унэцIэ дыдэр Тутджэрийщ. Тутджэрийхэ зыщыпсэууэ щыта адыгэ абазэ къуажэр Псыжь (Кубань) Iуфэм Iусащ Ло пщы лъэпкъыр я тепщэу. Адэ-анэр ящхьэщымытыжу, ауэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэурт зэкъуэшимрэ я шыпхъу закъуэмрэ: Гугъэт, Гугъэтыж, Гуащэхужь, ХьэщIэмахуэ.

Шыпхъур зи ишэгъуэт, къуэш ещанэр иджыри сабийт, быни пэмыплъэж зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуэжауэ.

Гуащэхужь хъыджэбз дахэти, зи нэ къытеплъэр къихьэхурт. Ар натIэрыIуапIэ къищIащ къуажэпщым. Мыдрейм абы зыщидзейрт, зи щхьэгъусэ лIауэ бынитIи къызыхуэна лIым зыпищIэну хуейтэкъым. Псом ящхьэрати, фIыуэ илъагъу щIалэ иIэт. Гугъэтрэ Гугъэтыжрэ гу лъатащ шыпхъур нэщхъеирилэ зэрыхъуам, куэдрэ гъырынэIуу зэрыщытым. КъэхъуамкIэ щыхагъэзыхьым, хъыджэбзым къиIуэтащ пщым и нэмыукIытагъэр гукъеуэ зэрыщыхъур, и арэзыныгъэми щIэмыупщIэу зыкъыхуигъэзэну пхъашэу къызэрыхуиIуэхуар. «Унэм къэкIуэну жрегъыIэ а къыпхуиIуэхум, дэ абы и унафэр тщIынщ», – жаIащ зэкъуэшитIым.

Зы махуэ гуэрым пшапэр зэхэуауэ Тутджэрийхэ я уэрамыпэм тешанкIэ къыщыувыIащ, абы пщыр къикIри щIакIуэр зэрыщыгъыу унэм щIыхьащ. ЩIакIуэр щумыхауэ цIыхубз зыщIэс пэш ущIыхьэныр нэмысыншагъэт. Аркъудейр щхьэусыгъуэу ирикъут дэлъхухэр къригубжьыну. ЗэшитIыр пщым кIэлъыщIыхьащ, и щIакIуэпсыр и пщэм ирашэкIри ятхьэлащ. Апхуэдэр къыпхуэгъунутэкъыми, бзаджагъэм хуекIуэну мурад ящIащ. ТешанкIэм и пщым пэплъэу ис шыгухур къыщIашэри, къэхъуар ирагъэлъэгъуащ. «Мыр псы Iуфэ ежэкIыжыпIэм къыщыбгъэшым тешанкIэм къиукIуриикIыу псым пфIитхьэлауэ жыIэ, я фIэщ хъун щхьэкIэ езыри псыф щIы. ЗэрыбжетIэм хуэдэу умыщIмэ, уэри мыбы и ужьыр пхунущ», – быдэу къагъэгугъащ шыгухур.

Хьэдэр зейм щIалъхьэжащ, ауэ къэхъуар Тутджэрийхэ я пхъум пыщIауэ щытынкIэ шэч ящIырти, ялъ ящIэжын хуейуэ унафэ ящIащ.

Я адэм и ныбжьэгъуфIу щыта лIы зэкъуэшхэм я фIыжыIэгъути, гузавэу къалъигъэIэсащ шэч къызэрыхуащIыр, икIэщIыпIэкIэ лъэныкъуэ зрагъэзмэ зэрынэхъыфIыр.

А зэманым лъыщIэжым зыщахъумэу щтапIэ ихьэж хабзэти, Тутджэрийхи жэщым къуажэм къыдэкIуэсыкIыну къежьащ. Гъуэгум фIыуэ хагъэщIауэ къыздэкIуэм, зы шу къакIэлъыщIыхьащ. Ар Гуащэхужь гу зыхуищIа щIалэрат, я Iуэху зыIутыр хуиIуэхуати, къакIэлъыжауэ арат. Къригъэзэгъри, зэкъуэшхэм къагуригъэIуащ я шыпхъур фIыуэ зэрилъагъур, зэрышэну псалъэ зратауэ зэрыщытыр. ЛъаIуэрт цIыхубзыр губгъуэм ирамышэну, щхьэгъусэу къратыну. Я шыпхъум щеупщIым, абыи жиIащ щIалэм и псалъэхэр зэрыпэжыр. Я шыпхъур фIыуэ илъагъум къыхуагъэнащ. Малъхъэу къащтами мылъкукIэ гу къалъитащ, ахъшэу IэщIэлъыр къаритащ. «Гъуэгу фытохьэ, къыфпэщылъыр зыми ищIэркъым, сэбэп къыфхуэхъунщ», – къажриIат. Шыпхъум фIэфIт и дэлъху цIыкIур езым къыхуэнэм. Малъхъэм и унэцIэр иритыну зэгурыIуэхэри, къыхуагъэнащ, езы тIур я гъуэгу теувэжащ. Къыщригъажьэм, шыпхъум къажриIащ: «Лохэ лей мыгъэгъущ, дэнэ фыщыIэми, фыкъагъуэтынущ, фи унэцIэр хэIущIыIу фымыщI».

Гугъэтрэ Гугъэтыжрэ егъэзыпIэ къалъыхъуэурэ, ди щIыпIэм къыщихьам увыIэпIэ ящIауэ архивым къыхэщыр Къэмбэчокъуэ Бекъан и жылэращ. Абдежым ирихьэлIэу урыс пащтыхьым и указ къыдэкIат къэрал псом зауэлI къыхэшын хуейуэ. Нэхъыбэ тегъэгушхуа хъуным папщIэ къахуигъэлъэгъуат: мазэхьэкъ къаритынущ, щхьэж къызэрыхуэлэжькIэ пщыцIэхэр къафIищынущ, зауэлI дамыгъэхэр къахуигъэфэщэнущ.

ЗэшитIым защтэри МэздэгукIэ яунэтIащ. Ар урыс быдапIэт, дзэм ухыхьэнумэ, арат уздекIуэлIэнур.

КъызэрыщIэкIамкIэ, урысыдзэм ухагъэхьэным папщIэ чристэн диныр къэщтэн хуейт, абы пыщIат урысыцIэ къыпфIащынри. Гугъэтыж и диныр хуэхъуэжакъым, Гугъэт тегушхуащ. А зэманым ирихьэлIэу адыгэхэм муслъымэн диныр къызэращтэрэ куэдыщэ щIатэкъыми, арауэ къыщIэкIынщ Гугъэт дежкIэ дин хъуэжыныр хьэлъэ щIэмыхъуар.

«Дзэм сыхыхьэм, си Iуэхур нэхъ IукIынущ. Динри схъуэжынущ, апхуэдэу фIэкI щымыхъунукIэ. КIэгъуасэмыщIу куэдрэ дыпсэуну?» – хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, арат щIалэм жиIар. Гугъэт щытегушхуэм, Гугъэтыж зэран хъуакъым, ауэ езыр абы къыщынэфынутэкъыми, КъугъуэлъыкъуейкIэ къигъэзащ.

Иджырей Къугъуэлъыкъуейр а зэманым Iэпхъуэ-шапхъуэт, псэупIэ тэмэм къалъыхъуэу зэм зы щIыпIэм, зэм адрейм щытIысырт: ТIыуащIэ (Войсковая) жыхуаIэм, Мэртэзей дыгъапIэм – Тэтэртуп кIапэ, иджыпсту Осетием и къуажэ хъуахэу Мостиздахъ, Николаевсая жыхуаIэхэр здэщысым – Ардон псым и Iуфэм – щысащ. Дэнэ деж щымысами жылэм зэреджар Къугъуэлъыкъуейщ, щIыр зейр Къугъуэлъыкъуэхэти.

Гугъэтыж къыщетIысылIа зэманым жылэр Мэртэзей дыгъапIэрат зыдэщысыр.

Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу къуажэр мы иджырей щIыпIэм къэIэпхъуэри Шогуэлэ псым IутIысхьащ. Абыи куэдрэ Iумысу Урыху Iуфэ зыкъратыжащ.

Къугъуэлъыкъуейм щытепщэр Къугъуэлъыкъуэхэт, ауэ лъэпкъ лъэрызехьэу, къулейуэ Ерыстаухэ дэст, загъэуэркъыу. Ахэр грузин лъэпкът (Эристави), Къугъуэлъыкъуей къыщIэкIуари Гугъуэтыж и щхьэусыгъуэм хуэдэ дыдэт.

Тутджэрийхэ къызэрыгуэкI уэркъ лъэпкът. Абы и щыхьэтщ унагъуэм я пхъур къуажэпщым щхьэгъусэ ищIыну зэрыхуеяр. УнэIут лъэпкъ къыхэкIа щхьэгъусэ ищIыну зыхуэзыгъэфэщэн пщы адыгэм яIакъым. Ауэ Гугъуэтыж зищIысыр къызыхэщ тхылъ IэщIэлъакъым («Гугъэтыжыр» жыIэкIэмкIэ «Гугъуэтыжым» хуэкIуащ). Къуажэпщ яIэщIэукIауэ щтапIэ ихьэжхэм ар яхузэгъэпэщынутэкъым. Iуэхум и къекIуэкIыкIэмкIэ апхуэдэу фIэкIа хъунутэкъыми, Гугъуэтыж Ерыстаухэ лIыщIэу дэуващ.

Гугъуэтыж и къуэшыр урысыдзэм хыхьэу Мэздэгу къэнауэ хъыбарым къыхэщ къудей мыхъуу, щыхьэт тхылъ щымыIэми, пэж зэрыхэлъыр белджылы зыщI Iуэхугъуэ къэхъуат.

МутIалиб игу къегъэкIыж: «Гугъуэтыж ПIатIитIэ Мэздэгу бэзэрым кIуат пхъэм къыхищIыкIа Iэмэпсымэ, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр (гулъэмыж, гудзапхъэ, нэгъуэщIхэри) ищэу унагъуэр зыхуэныкъуэ зыгуэрхэри къищэхуну. А зэманым цIыхухэр Iэмал зэриIэкIэ гуп зэрыгъэхъуауэт гъуэгу зэрытехьэр, я закъуэу ежьэртэкъым, хъунщIакIуэхэм зыщахъумэрт. ПIатIитIи гуп и гъусэти, бэзэрым здытетым, «Уа, Гугъуэтыж и къуэ!», – жиIэри и гъусэхэм щыщ къыкIэлъыджащ. Ар зэхэзыха зы лIы мыцIыху къыбгъэдыхьэри къыжриIащ: «Уэ у-Гугъуэтыжыр пэжмэ, дэ дызэкъуэшщ». Хуеблэгъэнуи къелъэIуат, ауэ ПIатIитIэ дзыхь ищIакъым. «Сату зэрысщIар ещIэ, фIы игу имылъынкIи хъунщ», – арат а зэманым къитIасэ гупсысэкIэр. ПIатIитIэм къэнэни хуеблэгъэни щимыдэм, цеипхъэ къищэхури къритащ, «лъэпкъ нэхъыжьым схуетыж» жиIэри. Хуэбгъэфащэ хъунущ а лIы гумащIэр Мэздэгу псэупIэ зыщIауэ щыта Гугъэт къытепщIыкIахэм щыщу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а цIыхум теухуа нэхъ белджылыуэ хэIущIыIу къэхъуакъым.

Лъэпкъым къыдекIуэкI хъыбархэм я пэжагъынкIэ хъунур зэригъэзахуэурэ, МутIэлиб мыпхуэдэ гупсысэхэр къиIуэтащ: «Гугъуэтыжхэ теухуауэ дэ дызыщыгъуазэр къэзыIуэтэжар Хьэжы-Анзорщ. Ар Гугъуэтыж и къуэрылъхущ. Адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ, псоми зэрытщIэщи, зэпэжыжьэкъым, зэрымыщIэн хуэдэу. Хьэжы-Анзор лIы зэтест, имычэзурэ зыщымыгъуазэрэ пхужиIэнутэкъым. Абы къиIуэтэжар и адэшхуэ Гугъуэтыж къыжьэдэкIауэ зэхихаращ, зытхыжар езы Хьэжы-Анзор и къуэрылъху Iэмырхъанщ. Ар и адэшхуэ-анэшхуэм я куэщIым ису, абыхэм я псалъэ щIэдэIуу къэхъуащ. Езыр щIалэ губзыгъэу, сыт ищIысри фIэхьэлэмэтрэ псоми щIэупщIэу, зэхихар итхыжу къекIуэкIт. Амырхъани, Iэбузеди, сэри быдэу дызэпыщIауэ, дызэгъусэу щытащ. Аращ нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм фIыуэ дыщIыщыгъуазэр, пэжыныгъэшхуэ зэрыхэлъыр сэ си фIэщ щIэхъур».

Апхуэдэу МутIэлиб игу къегъэкIыж и адэм жиIэу щыта псалъэхэр: «Джэджырэхэ дэрэ Кубань дыкъикIащ».

Гугъуэтыж лъэпкъым я къежьапIэм ехьэлIауэ шэч зимыIэж тхылъ архивым къыщигъуэтыжащ Iэбузед: «Каготыж Тутгериев 42-х лет со своим братом прибыл в Моздог для проживания из кабака Камбачекова Бекана, но отказав принять хрестианскую веру уехал в Аул Коголкина».

Къугъуэлъыкъуей къэкIуам Тутджэрий унэцIэр ибзыщIырти, Гугъуэтыжыр унэцIэ хуэхъужащ. Я къуэш нэхъыщIэ Кубань къэнар Тыркум кIуэжауэ хъыбар щыIащ.

Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи къыхэбгъэщ хъунущ лъэпкъым теухуа псалъэмакъым. Мыгъуагъэ псори къызыпкърыкIыжа Лохэ я лъэпкъымкIэ тепщIыхьмэ, ахэм я IэмыщIэ илъар абазэ жылэщ, езыхэри абазэ лъэпкъщ. Адыгэхэм хэкур щабгынэм, Лохэ Тыркум Iэпхъуахэм ящыщщ, жылэ щхьэхуэуи тIысащ Ло и къуажэкIэ еджэу. Дэсыжыр мащIэ дыдэми, а тIэкIум адыгэбзэ ямыщIэжми, а жылэр иджыри мэпсэу, щIыпIэкIэ зыхуэзэр Истамбылрэ Анкарарэ яку дэлъ гъуэгур зэхуэдитI щыхъум дежщ. (Ширдий Маринэ «Тыркум щыпсэу адыгэхэр», нап. 26, абзац 1). Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, къуажэр щыIэпхъуэм Гуащэхужьрэ ХьэщIэмахуэри къэнакъым.

1782 гъэм Гугъуэтыж и ныбжьыр илъэс 42-м щитакIэ, ар къалъхуащ, 1740 гъэм. 1782 гъэм сентябрым и 14-м Къугъуэлъыкъуей къэкIуащ, аращи, лъэпкъыр мы къуажэм щопсэу илъэс 239-рэ хъуауэ. Гугъуэтыж щхьэгъусэ ищIащ Анзорей щыщ КъарэцIыкIухэ япхъу. Къуищ иIати цIэуэ яфIищащ ГъущI, ГъущIIэпщэ, Лъэпщауэ. Адыгэхэм я сабийм фIащ цIэм мыхьэнэ гуэр халъхьэу зэрыщытар къэплъытэмэ, мы цIэхэм зыгуэр къыбжаIэ. Псори ехьэлIащ гъущIым елэжьыным. ГъущIри ГъущIIэпщэри гурыIуэгъуэщ. Лъэпщауэри «Лъэпщ и уэкIэ» жиIэу арагъэнщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, а цIэхэр къыхэзыха Гугъуэтыж гъущIым елэжьыным хуэIэзэу, ар и лэжьыгъэу щытауэ пIэрэ? Хьэмэрэ и къуэхэр гъущIым хуэдэу быдэу, гугъуехьрэ бэлыхьрэ щхьэкIэ къэмылэнджэжу хъуным щIэхъуэпсауэ ара? Зи хэкужь зыбгына лIыр лъэпощхьэпо мащIэми Iууауэ къыщIэкIынтэкъым, гъащIэм псо дыдэми я щхьэфэм Iэ зэрыдимылъэр хьэкъыу пхыкIагъэнт. Ар щIэхъуэпсынут и бынхэр къэмышу, гъащIэм къахуигъэхьэзыра удынхэм къыхамыгъащIэу зэрыпэщIэтын акъылрэ къарурэ яIэну.

Зэкъуэшищым я хъыбару къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэм къаIуэтэжымкIэ, пелуанщ жрагъэIэу бланэхэт, ауэ Iэсэти, вы тIыса ягъэтэджынутэкъым.

Абы ипэкIэ дэпхуэдэу щытами, Къугъуэлъыкъуей къыщыкIуам лэжьыгъэ хэдэ ищIыну Гугъуэтыж, дауи, Iэмал иIэжакъым. ЩтапIэ ихьэжам, къыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, мылъкушхуэ бгъэдэлътэкъым, псэуныгъэ иухуэу унагъуэ хъун хуейт. Аращ лIыщIэнри къызыхэкIар.

Псоми гу зэрылъыттэщи, иджы лъэпкъ куэдыр щIохъуэпс икIи йолIалIэ уэркъыу щытауэ зыкъыщIрагъэдзыну. Мыбдеж уигу къэбгъэкIыж хъунущ «зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжт» жыхуиIэ жыIэгъуэр адыгэм къыздрихар. Къэбэрдейм пщылI иIэну хуимытар унэIутым и закъуэщ. ПщылI зэрыбгъэлажьэм пщы уищIтэкъым. Пщыуэ щыIар зыщ – адыгэпщыр, адрей псори «пщым и лIыуэ» арат, лIакъуэкIэ хэти пщым нэхъ и гъунэгъут, хэти нэхъ пэжыжьэт. ПщылIхэм яхэтащ къуажэ зиIэхэр. Ахэм къуажэпщкIэ еджэрт, хуэ зырыз пщафIэрт. Iэмалыншэ хъ и къуэр), 23. Къасболэт, 24. Iэмин (Хьисэ и къуэхэр); 25. Исуф (Хьэжы-Нахъуэ и къуэр), 26. Iэмырхъан (Iэсхьэд и къуэр), 27. Аскэрбий (ТIэхьир и къуэр).

27-м щыщу бгъум къагъэзэжакъым: 1. Аслъэнджэрий, 2. Хьэгъур, 3. ЗутIэ, 4. Iэмырхъан, 5. Къасым, 6. Iэсэд, 7. Хьэждал, 8. Къасболэт, 9. СулътIан.

Иджыпсту Гугъуэтыжхэ унагъуэ 125-рэ мэхъу, цIыху бжыгъэр – 453.

Дэтхэнэ лъэпкъри зы къэралыгъуэ цIыкIу хуэдэщ. Абы и зэфIэкIыр, быдагъыр, къулеягъыр елъытащ цIыху къэс лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр зэригъэзащIэм, зэрихъумэм, зэрыригъэфIакIуэм. Адыгагъэмрэ Тхьэм и хабзэхэмрэ щызекIуэ лъэпкъым зихъумэжу аращ. Гугъуэтыжхэ ди нэхъыжьыфI куэдым яIэщIэлъ КъурIэным зы Iэят хэтщ: «Тхьэр зи фIэщ мыхъу, диным темыту, ягу къэкIыр зыщIэу псэухэр бэджым и псэукIэм ещхьщ…, бэджым и унэм нэхъ унэ махэ щыIэкъым». А Iэятым и мыхьэнэр IупщI щыхъур бэджым я хьэл-щэныр, хабзэр пщIэмэщ. Бэджым и унэр къызыхищIыкI Iуданэмрэ апхуэдиз гъумагъ зиIэ гъущIым къыхэщIыкIамрэ зэбгъапщэмэ, бэджым и Iуданэр плIыкIэ нэхъ быдэщ. Махэр абы ищI унэракъым, а унэм илъ хабзэращ. Бэджыбзым и бэдж шырхэр дунейм къытехьэн щхьэкIэ бэджыхъур ешхыж. Бэдж шырхэри зэрошхыж. Махагъэр къыздикIыр аращ.

Унагъуэхэр зэхохьэри лъэпкъ мэхъу, лъэпкъхэр зэроубыдри къэрал мэхъу. Унагъуэ къэс, лъэпкъ къэс хабзэфIхэмрэ щIэныгъэмрэ зэгъусэу щаIыгъмэ, аращ гъащIэ щIэращIэрэ купщIафэрэ къыздикIынур. Ар къагуроIуэри лъэпкъ нэхъыжьыфIхэм зэхуэс ящIурэ я зэхэтыкIэм, псэукIэм топсэлъыхь, лъэпкъ зэхуэсышхуэ ящIурэ, псори зэролъагъу, зэрощIэ. Япэ зэхуэсыр екIуэкIащ 1994 гъэм, етIуанэр – 2009 гъэм. Гуращэ щыIэщ мы гъэм и бжьыхьэм ещанэ зэхуэсыр ящIыну. А зэхуэсхэм щытепсэлъыхьащ нэхъыжьхэм я къалэнымрэ нэхъыщIэхэм я щытыкIэн хуеймрэ, лъэпкъым и щыIэкIэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху куэдым и гугъу щащIащ. Псори мэгугъэ апхуэдэ зэхыхьэхэм ди щIалэгъуалэм лъэпкъ гупсысэр нэхъ къапкъригъэхьэну, езыхэр нэхъ зэгъунэгъу, зэрыIыгъ ищIыну. IитIыр, зэрымыщIэмэ, зэрытхьэщIыркъым.

Лъэпкъ зэхуэсышхуэм емылъытауэ, щIалэхэр кIэщI-кIэщIурэ зэхыхьэну, лъэпкъым и Iуэху зэрыкIуэтэным зэдегупсысыну унафэ зыхуащIыжауэ абы тетхэщи, гукъыдэж къозытщ апхуэдэ хэлъэт зиIэ щIалэгъуалэ къыпщIэувэныр. Гугъуэтыжхэ йофIакIуэ, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэр узыншэщ, пэжу дунейм тетыным хуэзыгъэсэн нэхъыжь узыншэхэр къащхьэщытщ. Абузед и къуэшхэм къахуигъэнащ мыпхуэдэ унафэ, икIи абы темытын лъэпкъым къыхэмыкIыну Тхьэм жиIэ:


Си къуэшхэм

Фыщыт, си къуэшхэ, адыгэлIу,

Фи хабзэр фIыгъыу, IэщIагъэлIу,

Утыку фыщихуэм фимыкIуэту,

Лэжъэгъуэм щыгъуи фыпэрыту.

Къыфщытхъум фи пэр фымыIэт, Фаубми фигу къивмыгъэлъэт. Уэрэд гуфIэгъуэм фэ щывгъэш,

ЩIыкIафIэу гуауэм зыдэвгъэш.

Фи тхъэгъуи лIэгъуи фызэкъуэш,

Хабзэм ебакъуэр къызэдэвгъэш. Хьэтыр зымыщIэр вгъэIущыф,

ГущIэгъу тхьэмыщкIэм здыхуэфщIыф.

Нэхъыжъ хуэфащэ пщIэ ефхыф,

Нэмыплъ езытыр хэфкъухьыф.

Фемыжьэ хамэм къыфхуищIэнум,

Фыщыт, си къуэшхэ, зылI и быну.

Быным ягу илъыр жевгъэIэф,

Таурыхъ щыхуейм, яхуэфIуэтэф.

Фадэм пыщIа насыпыншагъэр КъагурывгъаIуи хьэрэм щыфщI.

Фыгъуэн, дыгъуэныр тхьэмыщкIагъэу

Хьэкъыу фи быным пхывгъэкIыф,

Былымыр аркъым къулеягъэр,

Ахъшэм акъылыр поувыф.

Фыщыт гъунэгъукIэ тэмакъкIыхьу,

Мышынэу дзыхь къывагъэзыфу,

Фащыхъуу къуажэ псом гурыхь

Фыхъу фэ, си къуэшхэ, гъащIэ кIыхь.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz